Page 150 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 150
АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР
Пщы-Уэлийм и фэр пыкӏри и тхылъ цӏыкӏур гузэвэгъуэм хэту
зэтрипӏэжащ. «Аращи, фыкӏуи зы унафэ къэфхь,» жиӏащ Пщы-
Уэлийм хабзэ телъхьэлӏхэм зыхуигъазэурэ.
Тхьэкӏумэкӏыхь Хужьыр гузавэу къыщылъэтащ. «Уэ зиусхьэн
лъапӏэ,» жиӏащ абы, «иджыри зы мысыгъэ къыкъуэкӏащ. Мэуэ
иджыпступцӏэ зы тхылъ къэунэхуащ.»
«Сыт тхылъым итыр?» щӏэупщӏащ Уэлий-Гуащэр.
«Сэ иджыри абы седжакъым,» жиӏащ Тхьэкӏумэкӏыхь Хужьым,
«къэзэрысфӏэщӏымкӏэ ар зи хьэкум ящӏэм къыбгъэдэкӏыу зэгурым
хуитх тхылъырыкӏуэщ.»
«Атӏэ, зи унагъуэр бэгъуэн—ар зыгуэрэу: „зыгуэрщ“,» жиӏащ
Пщы-Уэлийм, «„мызыгуэрым“ щӏыхуитхын щыӏэкъым. Апхуэдэу
ящӏэрэ, атӏэ?»
«Хэт зыхуатхар?» щӏэупщӏащ хабзэ телъхьэлӏхэм ящыщ зыр.
«Зыми хуатхакъым,» жиӏащ Тхьэкӏумыэкӏыхь Хуэжьым.
«Даурэ щымытми, тхылъырыкӏуэлъэм зыри тедзакъым.» Тхьэкӏу -
мэкӏыхь Хужьым тхылъырыкӏуэлъэр къызэтрихри жиӏащ: «Мыр
икӏи тхылъырыкӏуэкъым, мыр усэщ.»
«Зи хьэкумыр тщӏэм и тхыкӏэ?» щӏэупщӏащ нэгъуэщ телъхьэ -
лӏыр.
«Хьэуэ,» жиӏащ Тхьэкӏумэкӏыхь Хужьым. «Икӏи мис абы
гурыщхъуэ къыуегъэхь.» (Тэлъхьэлӏхэм ятхыныр ямыщӏэжу къэ -
нащ.)
«Абы къикӏыр зыщ: и тхэкӏэр нэгъуэщӏ тхэкӏэм ещхь ищӏащ,»
жиӏащ Пщы-Уэлийм. (Телъхьэлӏхэм занщӏэу я псэр къыпы -
хьэжащ.)
«Уэ зиусхьэн лъапӏэ,» жиӏащ Щауэм, «сэ а тхылъырыкӏуэр
стхакъым, ар зыми къыстрилъхьэфынукъым. Абы зытхам и ӏэпи
щӏэлъкъым.»
«Ари гурыщхъуэщ,» жиӏащ Пщы-Уэлийм, «уи гум фӏы илъа -
тэмэ, цӏыху пэж хуэдэу щӏэбдзынут уи ӏэпэри.»
Хьэкумэщым щӏэсу хъуар заукӏыжу ӏэгу еуащ: махуэ псом зы
ӏущыгъэ Пщы-Уэлийм къысхидзар ягъэщӏагъуэу.
124