Page 153 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 153

А Л И С Э М  И Щ Ы ХЬ Э Т

               «„Ди пщӏыхьым дыгъэм дыщопщӏыхь“, си дыгъэ нэху цӏыкӏу!»
             ӏущащэурэ жриӏащ Пщы-Уэлийм и щхьэгъусэм, «дыгъэм хуэдэу
             укъызэщӏэплъа къысфӏощӏ уэ.»
               «Хьэуэ, си псэм хуэдэ, мыл такъырым хуэдэу сыщӏыӏэщ. Хьэщ -
             хьэ лъэдакъэм фезгъэуэн иджыпступцӏэ псори!» и джэдыгур
             зэридзэкӏри Уэлий-Гуащэм Былэ Цӏыкӏум шакъалъэр ириутӏып -
             щащ. (Былэ ӏэхъуамбэкӏэ тхэн щӏидза щхьэкӏэ, ӏэхъуамбэм
             лъэужь къызэримыгъанэр щилъагъум, и щхьэм къежэх шакъэм
             хигъауэурэ, тхэн иригъэжьэжащ.)
                                            «И щхьэр пывгъэлъэт! Псын -
                                          щӏэу!» къэтхытхри, зыхуэмышэ -
                                          чыжу къэкӏиящ Уэлий-Гуащэр.
                                            «Хабзэ телъхьэлӏхэм япэ хьэкъ
                                          телърэ темылърэ зэхагъэкӏын
                                          хуейщ, си псэм хуэдэ,» жиӏащ
                                          щабэ-щабэу Пщы-Уэлийм.
                                            «Хьэуэ,» идакъым къэгубжьауэ
                                          пэцыр изыч Уэлий-Гуащэм, «япэ
                                          и щхьэр пыдупщӏынущ. Итӏанэ
                                          унафэ кърырахьи, адэкӏэ хьэкъ
                                          телърэ темылърэ зэхэдгъэкӏы -
                                          жынщ!»
























                                                                     127
   148   149   150   151   152   153   154   155   156   157   158