Page 151 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 151
А Л И С Э М И Щ Ы ХЬ Э Т
«И хьэкъыр къыщӏэщащ,» жиӏащ Уэлий-Гуащэм. «Пывупщӏ
и...»
«Хъунукъым апхуэдэу,» яхуидакъым Алисэ. «Псори щыгъэ -
тыжауэ, а усэ закъуэр зытепсэлъыхьыр фыщӏэкъым.»
«Къеджэт мэуэ!» Пщы-Уэлийм унафэ хуищӏащ Тхьэкӏумэкӏыхь
Хужьым.
Тхьэкӏумэкӏыхьым нэгъунджэ зыӏуилъхьащ. «Дэнэ деж къэ -
щӏэздзэн, зиусхьэн?» щӏэупщӏащ ар.
«Ипэ дыдэм къыщӏэдзэ,» зигъэтӏийуэ жиӏащ Пщы-Уэлийм,
«адэкӏэ икӏэм нэгъунэ еджэ, икӏэ дыдэм узэрынэсу еджэн ух.»
Кхъэ ябгынам тепщэ щымым ещхь дэущыншэ хьэкумэщым
къыщӏэувар зэхикъутэу, Тхьэкӏумэкӏыхь Хужьыр жьы щӏэту усэ
къеджащ:
«Дэ дэнэ, дэнэ дыщыӏа
Цӏыхубэм дыгъэр щагуэшам?…
Къэнар къаӏисхри уэ уэстащ,
Уэуейм дэгъусэу ар щӏэптӏащ…
Сэ зы уэ уэстри—тӏу къэхъуащ,
А тӏури зыуэ къыщӏэкӏащ,
Щыр хым щыхалъхьэм итхьэлащ,
Зым хуэдэу тӏум ӏэ къытхуащӏащ.
Си псалъэр псыуэ ежэхащ,
Уи пэжыр мывэу къыщӏэкӏащ,
Жэгъуэгъухэм мывэр яущэбащ,
Дунейм и напэри текӏащ…
Дуней дыгъэншэр фӏыцӏэ хъуат,
Ар ди зэхуакум дэуват,
Дыӏэбэрабэу дыкъэнат,
Джэгугъуэ пӏалъэм дыхэнат.
125