Page 154 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 154

АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР


           «Ар делагъэ!» псоми захахыу жиӏащ Алисэ. «Апхуэдэ делыгъэ
         уи щхьэм къэкӏын щхьэкӏэ егъэлеяуэ делэу ущытын хуейщ.»
           «Зэтепӏэ!» плъыжьыбзэу къызэщӏэлъыбэри жиӏащ Уэлий-
         Гуащэм.
           «Зэтеспӏэнукъым!» ириутӏыпщыжащ абы Алисэ цӏыкӏум.
           «И щхьэр пывупщӏ!» и макъым къызэрихьымкӏэ кӏиящ Уэлий-
         Гуащэр. Зыми зигъэхьеякъым.
           «Ухьэ ей, хэт фэ къыфщышынэр?» жиӏащ Алисэ. (Ар хэхъуэурэ
         зэрыщытауэ, и пӏэм иувэжат). «Фэ фызиӏысыр сыт? Фэ фыкуэзыр
         къудейщ!» и упщӏэм жэуап иритыжащ пщащэм.
           Мис абдежым куэзыру хъуам зыкъаӏэтри, Алисэ и нэкӏум
         зыщӏаӏуну пылъхэу, къытелъэлъахэщ. Алисэ къыхэгуоукӏри,
         ныкъуэшынэ ныкъуэгъащтэ хуэдэу, ӏэкӏэ ӏуидзхэу щӏидзащ куэ -
         зырхэр… и нэр къэзэтрихри—псы ӏуфэм и щхьэр и щыпхъум и
         куэщӏым телъу зэрыщылъыр къыгурыӏуэжащ. Алисэ и нэкӏум
         къытехуэ пщӏащэхэр и шыпхъу нэхъыжьым хуэсакъыурэ
         къытрихыжт.
           «Алисэ, къэушыж!» жиӏащ абы. «Сыту куэдрэ ужея!»
           «Зыуэ зы пщӏэхьэпӏэ гъэщӏэгъуэн сепщӏыхьащи!» жиӏэри Алисэ
         и щыпхъум къыщыщӏа, иджыпсту фызэджа, телъыджэ хъыбархэр
         къыхуиӏуэтэжащ. Пщащэм и псысэр щиухым, и щыпхъум ба
         къыхуищӏри жиӏащ: «Пэжу пщӏыхьэпӏэр къызэрымыкӏуэу гъэщӏэ -
         гъуэнщ! Иджы жэрыгъэкӏэ ди деж гъэзэж, мыхъумэ шей ефэм
         укъэкӏэрыхунущ.» Алисэ къыщылъэтри и лъэм къызэрихьымкӏэ
         щӏэпхъуащ. Здэжэм пщащэр егупсыст пщӏыхьэпӏэ илъэгъуам.


















         128
   149   150   151   152   153   154   155   156   157   158   159