Page 156 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 156

А Л И С Э  ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ  З Э Р Ы Щ Ы Ӏ А Р


         къэщта Дзыгъуэр зэпрысыкӏащ; хьэкъущыкъу макъ къэӏуащ—
         Гъатхэпэ Тхьэкӏумэкӏыхьым и ныбжьэгъухэр кӏэ зимыӏэ шейм
         иригъафэт; «И щхьэр пывупщӏ!» къэгуоуащ Уэлий-Гуащэр,
         Уэркъ-Гуащэм и куэщӏым илъ сабий цӏынэр къепсащ, фийуэ
         тепщэчхэмрэ, фалъэхэмрэ хьэуам къалъэтыхьт; къэгуоуащ жьы
         -жьэу Аслъэн-Бгъэжьыр; къэнэӏуащ Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏ
         тхьэмыщкӏэм и гъы макъри…
           Ауэ куэди темыкӏыу псори ипӏэ иувэжащ: жьыбгъэм удзыпцӏэр
         игъэщхъыщхъащ; хьэкъущыкъу макъыр—мэлхэм я пщэм фӏэлъ
         уэзджэнэм и жьгъыру макъ, Уэлий-Гуащэм и гуо макъыр—
         ӏэхъуэм и макъ, сабий гъы макъымрэ Аслъэн-Бгъэжьым и кӏий
         макъымрэ—ӏуэм ит былым макъ, Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏым и гъы
         макъыр—жыжьэу шкӏэ бу макъ хъужахэщ.
           Икӏэм икӏэжым, абы и нэгу къыщӏигъыхьащ Алисэ ин хъуауэ,
         и гум и сабиигъуэм и ӏэфӏагъыр щызу, зи нэр къицӏыукӏыу
         къэзуфэрэзыхь сабийхэм, гу хуабагъэр зыхэлъ псысэхэмкӏэ
         ядэгуашэу. Къахуиӏуэтэжынщ Алисэ Телъыджэщӏым зэрыщыӏар,
         гузэвэгъуэуи гуфӏэгъуэуи и гум щыхъахэр, езыми и сабиигъуэмрэ
         и насыпӏыфӏэ гъэмахуэ махуэхэмрэ игу къэкӏыжынщ.





























         130
   151   152   153   154   155   156   157   158   159   160   161