Page 152 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 152

АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР


                   Щӏэптӏам хьэдагъэ тыдощӏых,
                   Къыхэтх къытфӏощӏри абы щӏыхь.
                   Ди ныбжьыр зетхуэу къыдожыхь,
                   Ди пщӏыхьым дыгъэм дощопщӏыхь.


                   Зы зыгъэпщкӏупӏи дэ димыӏэу
                   Дыгъэншэм ещӏыр дигурхэр щӏыӏэ,
                   Ди щэхур зыми уэ жомыӏуэу
                   Дыгъэщӏэ дгъэщӏ, ӏэмал имыӏэу!»


           «Мис абы нэхъ къуэншагъэ лъэщ дгъуэтыжынтэкъым,» жиӏащ
         Пщы-Уэлийм, гуфӏэщауэ и ӏэхэр зэщихъуэурэ. «Адрей и хьэрэм -
         хэр абы еплъытмэ фэншэщ. Аращи, иджы хабзэ телъхьэлӏхэм
         чэнджэщ зэдащӏу…»
           «Усэм къикӏыр белджылы зыщӏыфым,» Пщы-Уэлийм и псалъэ -
         хэр зэпиудри жиӏащ пщащэм, «сомитху естынущ. (Псалэху Алисэ
         иджыри зэрыхэхъуам и шынэр ирихури и гур зэригъэубыдат.) А
         усэм зыри къикӏкъым.»
           Хабзэ телъхьэлӏхэм иратхащ: «Алисэ щыхьэт хъуащ усэм зыри
         къызэримыкӏымкӏэ,» ауэ зы къахэкӏакъым усэм къикӏыр наӏуэ
         ищӏыну.
           «Къимыкӏми нэхъыфӏыжщ,» жиӏащ Пщы-Уэлийм. «Гугъу
         дехьынукъым. Ауэ…» И лъэгуажьэм усэр трилъхьэри нэбгъузкӏэ
         тхылъымпӏэм еплъри, жиӏащ: «Ауэ, сызэрегупсысымкӏэ, “ар
         щӏэптӏащ“ жихуиӏэ псалъэхэм зыгуэрхэм урагъэгупсыс. Дэ
         дыщӏэкъым зы хьэлыгъуанэ уэ щӏэптӏар, хьэмэ хьэлыгъуанитӏ.
         Ауэ наӏуэщ псори: „А тӏури зыуэ къэщӏэкӏащ“,» къеджащ усэ
         сэтырым Пщы-Уэлийр.
           «Адэкӏэ абы иткъэ—„Зым хуэдэу тӏум къагъэзэжащ“,» ягу
         къигъэкӏыжащ Алисэ.
           «Къагъэзэжащ!» гуфӏэпсыжу къэгуоури Пщы-Уэлийр хьэлы -
         гъуанэ зэрылъ тепщэчым и ӏэпэр хуишиящ. «Ар нэрылъагъущ!»

         126
   147   148   149   150   151   152   153   154   155   156   157