Page 141 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 141

X Э Т Х Ь Э Л Ы ГЪ УА Н Э Р З Ы Д Ы ГЪ УА Р?


               «Хьэуэ, хьэуэ, зиусхьэн,» гузавэу хигъэуващ и псалъэр Тхьэкӏу -
             мэкӏыхь Хужьым. «Иджыри жьыщэщ, псори хабзэм тету тщӏын
             хуейщ.»
               «Ерэхъу, атӏэ,» жиӏащ Пщы-Уэлийм. «Къевджэ япэрей щыхьэ -
             тыр.» Тхьэкӏумэкӏыхь Хужьыр щэнейрэ нэкъырэм епщэри
             гуоуащ: «Япэрей щыхьэт!»
               Япэрей щыхьэтыр Пыӏэщӏырауэ къыщӏэкӏащ. Абы и ӏэ лъэны -
             къуэмкӏэ къэлмыкъ шей фалъэ, адреймкӏэ хьэтыкъ хуабэ иӏыгъыу
             тэхътэм бгъэдыхьащ. «Къысхуэгъэгъу, зиусхьэн,» къыщӏидзащ
             абы, «фалъэ сӏыгъыу сыкъызэрыфхуэкӏуар. Сы къыщраджам шей
             сефэти итар исфын схущӏыхьакъым…»
               «Ухущӏыхьами хъунут,» жиӏащ Пщы-Уэлийм. «Куэд щӏа шей
             ефэн зэребгъажьэрэ?»
               Пыӏэщӏыр къызэплъэкӏри иужьым ит Гъатхэпэ Тхьэкӏумэ -
             кӏыхьымрэ Жеинэмрэ яплъурэ жиӏащ: «Епщыкӏуплӏанэ гъат -
             хэпэра къысфӏощӏыж.»
               «Епщыкӏутхуанэращ,» игъэтэрызыжащ Гъатхэпэ Тхьэкӏумэ -
             кӏыхьым.
               «Епщыкӏуханэрэращ» нэхъри игъэтэрэзыжащ Жеинэм.
               «Ифтхэ,» яжриӏащ Пщы-Уэлийм телъхьэлӏхэм. Телъхьэлӏхэм
             псынщӏэу я пхъэбгъу кӏапэхэм тратхащ мобыхэм кърабжэкӏа
             псалъэхэр. Ахэр зэхалъхьэжри, къыщӏэкӏар сом бжыгъэу ялъы -
             тэжащ.
               «Уи пыӏэр щых,» унафэ хуищащ Пыӏэщӏым Пщы-Уэлийм.
               «Ар сысейкъым,» жиӏащ Пыӏэщӏым.
               «Къэбдыгъуа!» дыщэ бетакъ хуэдэу къызэщӏэлыдэри Пщы-
             Уэлийр захуигъэзащ къабзийхэр зыгъэхьэзыра телъхьэлӏхэм.
               «Ар сщэну къэзгъэхьэзыращ,» къагуригъэӏуащ Пыӏэщӏым. «Сэ
             пыӏэ сиӏэкъым, сэ сыпӏыӏэщӏщ.»
               Иджырэ къэс зызущэхуу щыса Уэлий-Гуащэм нэгъуджэ
             зыӏуилъхьэри Пыӏэщӏыр щызэпиплъыхьыщ, мо тхьэмыщкӏэм и
             фэр пыкӏащ.
               «Дахэ цӏыкӏуу, умыгузавэу зыкъэӏуэтэж,» жиӏащ Пщы-Уэлийм,
             «мыхъумэ уи пӏэм умыкӏыу зэшэзэпӏэ уазгъэщӏынущ.»

                                                                     115
   136   137   138   139   140   141   142   143   144   145   146