Page 137 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 137

Е Л Ы РКЪ Э Ш Ы М  И У ДЖ П Ы Х У

                        Шылъэгу хьэнтхъупсыр апхуэдизу ӏэфӏщи,
                        Мы дунейм ӏэфӏу тет псом я нэхъ ӏэфӏщи,
                        Йомыгъафэмэ лэпс уи ныбжьэгъур
                        Пхущӏиудынущ губжьынщи уи жьэгъур.

                        Сыту у ӏэфӏ! Сыту у ӏэфӏ! Ей!
                        Сыту у ӏэфӏ! Сыту у ӏэфӏӏей!
                        Шылъэгу хьэнтхъупс,
                        Шылъэгу хьэнтхъупс.
                        Сефэмэ сэ лэпс,
                        Сыкъещӏыж щӏэрыпс!
                        Сыту уӏэфӏ! Сыту уӏэфӏ! Ей!
                        Сыту уӏэфӏ! Сыту уӏэфӏӏей!»


               «Иджыри зэ!»  къэгуоуащ Аслъэн-Бгъэжьыр.  Хьэдэпщымыӏу
             Нэпцӏым зыгуэр жиӏэну хуейуэ и жьэр зэтриха къудейуэ, макъ къэӏуащ:
             «Хьэкумэщӏэр къокӏуэ!»
               «Накӏуэ!» жиӏэри Аслъэн-Бгъэжьым, Алисэ и ӏэр къиубыдри ирилъэ -
             фэжьащ уэрэдыр икӏэм нэсыху емыжьэу…
               «Хэт зи хьэкумэ ящӏэр?» хьэчэурэ еупщӏащ Алисэ. Ауэ Аслъэн-
             Бгъэжьыр гузавэм хэту жэт: «Накӏуэ!» фӏэкӏа къыжьэдэмыкӏыу. Здэжэм
             жьыбгъэм ялъэщӏигъыхьэт абыхэм Нэпцӏым и ежьу макъамэр. Уэрэдыр
             нэхъ щэху хъууурэ, хъууурэ—хьэуам хэткӏухьыжащ:


                        «Сыту уӏэфӏ! Сыту уӏэфӏ! Ей!
                        Сыту уӏэфӏ! Сыту уӏэфӏӏей!»

















                                                                     111
   132   133   134   135   136   137   138   139   140   141   142