Page 133 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 133
Е Л Ы РКЪ Э Ш Ы М И У ДЖ П Ы Х У
къикӏыр—Хьэм епӏыт жыхуиӏэращ. Щапӏытӏхэм жьгей хъуа -
хэщ.»
Алисэ цӏут жимыӏэу, и жьэр укъауэ Аслъэн-Бгъэжьым едэӏут.
«Хьэмпӏытӏыр къызэрымыкӏуэу псэлъакӏуэш,» къыпидзащ
Аслъэн-Бгъэжьым. «Псэлъэн щӏидзэмэ, уи тхьэкумитӏыр убыди
щӏэпхъуэж. Жэм жыхуаӏэр пщӏэрэ уэ?»
Алисэ и щхьэр игъэсысащ, сощӏэ, жыхуиӏэу.
«Жэмыр зэрыбур зэхэпха?» щӏэупщӏащ Аслъэн-Бгъэжьыр.
«Зэхэсхащ,» жиӏащ Алисэ.
«Ар щӏэбур пщӏэрэ?» аргуэру щӏэупщӏащ Аслъэн-Бгъэжьыр.
«Сыт щӏэбур?» упщӏэкӏэ упщӏэм жэуап иритыжащ пщащэм.
«Жэмыр псафэ къыщыкӏуэкӏэ, бдзэжьей псэлъакӏуэхэм я
уэршэрым щедэӏукӏэ, и щхьэр зэхатхъуэри буун щӏедзэ.
«Жэмыр тенджызыпс ефэкъым,» жиӏащ Алисэ.
«Тенджызыпс жэмыр щефэкӏэ и шэр нэхъ ӏэфӏ зэрыхъур уэ
пщӏэрэ?» щӏэупщӏащ Аслъэн-Бгъэжьыр.
«Хьэуэ,» жиӏащ зи щхьэр зэхатхъуа пщащэм.
«Атӏэ умыщӏэмэ, утемыпсэлъыхь,» жиӏащ Аслъэн-Бгъэжьын.
Абдежым Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏым и нэхэр къызэтрихащ.
«Ирикъуащ,» жиӏащ Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏым. «Иджы уэ уи
хъыбархэр къытхуэӏуатэ.»
«Сыгуфӏэжу жысӏэжынщ нобэ къысщыщӏахэр,» шэч химылъ -
хьащэу жиӏащ Алисэ. «Ауэ дыгъуасэрей махуэм сытепсэлъы -
хьыну гукъыдэж сиӏэкъым, сэ апщыгъуэм нэгъущӏ хъыджэбз
цӏыкӏуу сыщытащ.
«Къызгурыгъаӏуэт,» щӏэлъэӏуащ Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏым.
«Хьэуэ, япэу хъыбархэр,» зэпиудащ абы и псалъэхэр Аслъэн-
Бгъэжьым. «Зыри зымыщӏэм зыгуэр къыгурыбгъэӏуэн щхьэкӏэ
зэман куэд токӏуадэ.»
Алисэ Тхьэкӏумэкӏыхь Хужьыр къызэрилъагъурэ и фэм дэкӏа -
хэр къахуиӏуэтащ. Зэ щхьэкӏэ Алисэ тӏэкӏуи укӏытэт: Аслъэн-
Бгъэжьымрэ Хьэдэпщэмыӏумрэ къыбгъэдэтӏысхьэпэуэ я жьэр
укъауэ къэдаӏуэхэти. Тӏуми цӏут жамыӏэу щысащ Алисэ Щыгъы -
ныхьым пэщӏэхуэу «Дадэ Ӏулэмрэ и къуэ делэмрэ» усэм къеджэну
107