Page 134 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 134

АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР


         зэрыпылъам нэсыхукӏэ. Абдежым Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏыр
         хэщэтыкӏри жиӏащ: «Ар сыту гъэщӏэгъуэн!»
           «Телъыджэщ!» диӏыгъащ абы Аслъэн-Бгъэжьым.
           «Зы псалъэ тэрэзу хэткъым,» хэгупсысыхьыурэ жиӏащ Хьэдэп -
         щэмыӏу Нэпцӏым. «Дэри зы усэ гуэр укъытхуеджатэми хъунут.
         Жегъыӏэ.» Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏыр Аслъэн-Бгъэжьым еплъащ
         абы Алисэ игъэдэӏуэфын ӏэмалъ нэхъ иӏэ хуэдэу къригъэкӏыу.
           «Къызэфӏэуви мыдэ къыджеӏэт, дахэ, псынщӏэу „Щхьэхынэ
         хахуэм и уэрэд“ жихуиӏэ усэ гъэщӏэгъуэныр,» унафэ ищӏащ
         Аслъэн-Бгъэжьым.
           «Сыту мыбдежым унафэ ящӏыну фӏыуэ ялъагъурэ,» егупсысащ
         Алисэ. «Псоми усэ гукӏэ сыкърагъаджэну пылъщ. Еджапӏэ сыщы -
         ӏэми ерагът.» Ауэ Алисэ хъыджэбз жыӏэ-даӏуэ цӏыкӏу хуэдэу
         къэтэджри еджэн щӏидзащ. Абы и акъылыр елыркъэшхэмрэ
         абыхэм я уджхэмрэ зэхатхъуати, жиӏэр кӏуэрыкӏуэм тету езым
         зэрызэхилъхьэжыр къыгурыӏуакъым.


                     «Елыркъэшыр мэгъуахъуэ:
                     „Дэнэ щыӏэ си гуахъуэр?
                     Блашэр къэзубыдынущи
                     Зэрыцӏынэу ар сшхынущ!“


                     Къепхъуатэри гуахъуэр,
                     Блашэм мэлъыхъуэ,
                     Блашэр къызэрилъагъуу
                     „Сыкъевгъэл,“ жери, мэгъуахъуэ!»


           «Сэ еджапӏэм сыщеджэу щытам, мы усэм нэгъущӏ псалъэщ
         хэтахэр,» жиӏащ Аслъэн-Бгъэжьым.
           «Сэри апхуэдэ зэи зэхэсхакъым,» жиӏащ Хьэдэпщэмыӏу
         Нэпцӏыми. «Елыркъэшым зэхомыгъэх, игу къеуэнщ.»
           Алисэ къыгурыӏуэжати, япэм ищӏэу щыта усэр иджыпсту
         къыжиӏам ауэми зэремыщхьыр, пшахъуэм етӏысэхри и щхьэр

         108
   129   130   131   132   133   134   135   136   137   138   139