Page 136 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 136
АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР
Тепщэч къэнэжам зы бжэмышх игъусащ,
Ари Жьындум Джэдум тыгъэ хуищӏащ.
Джэдур шха нэужькӏэ Жьындум жыриӏащ:
„Хьэтыкъыр гъур ӏейти ситхьэлэ пэтащ.“»
«Ар сыт зищӏысыр?» и лъэрыджэр къыдригъэзеяуэ щӏэупщӏащ
Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏыр.
«Жыӏам къикӏыр къыдгурыбгъэӏуэфыну щыткъым,» гузавэу
къыхигъэувэри Аслъэн-Бгъэжьым, Алисэ зыхуигъазэри дищӏы -
гъуащ: «Къеджэ адэкӏэ.»
«Атӏэ ар щхьэ лъэпэмцӏийуэ щыт?» ерыщу жиӏащ Хьэдэпщэмыӏу
Нэпцӏым. «А тӏэкӏур, кхъыӏэ, мэуэ къызгурыгъэӏуэт.»
«Ар къафэкӏэ ӏэмалщ,» кӏэщӏу жыуап итыжащ Алисэ. Езыми
зыри къыгурыӏуэжтэкъыми абы тепсалъыхьыну хуейтэкым.
«Узэрыхуейщ, щхьэж и бзэгур и шхалъэщ,» жиӏащ Аслъэн-
Бгъэжьым зигъэгусэурэ. «Ерэхъу, дахэ, къыхэдзэ „Шылъэгу
хьэнтхъупс“ жыхуиӏэ уэрэдыр.»
Алисэ хьэуэ хужыӏакъым, зэрыщыуэныр къыгурыӏуэ пэтми,
икӏи и макъым сысыурэ уэрэдыр иришэжьащ:—
«Шылъэгу хьэнтхъупсыр апхуэдизу ӏэфӏщи,
Мы дунейм ӏэфӏу тет псом я нэхъ ӏэфӏщи,
Зэ ебгъафэмэ лэпс уи жэгъуэгъур,
Абы уэ щӏыхуэу птелъахэр пхуегъэгъур.
Сыту уӏэфӏ! Сыту уӏэфӏ! Ей!
Сыту уӏэфӏ! Сыту уӏэфӏӏей!
Шылъэгу хьэнтхъупс,
Шылъэгу хьэнтхъупс.
Сефэмэ, сэ лэпс,
Сыкъещӏыж щӏэрыпс!
Сыту у ӏэфӏ! Сыту у ӏэфӏ! Ей!
Сыту у ӏэфӏ! Сыту у ӏэфӏӏей!
110