Page 128 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 128
X E ДЗЫГЪУЭ
Елыркъэшым
и Удж Пыху
ьэдэпщэмыӏу Нэпцӏыр гукъутэу бауэри и нэпсхэр
Хщӏилъэщӏыкӏыжащ. Алисэ ар ӏуплъащ зыгуэр жриӏэн и
мураду, ауэ и тэмакъ фӏиубыдыкӏам зыри къикӏакъым. «Мы тхьэ -
мыщкӏэм и тэмакъ мыгъуэм къупщхьэ тена къысфӏощӏ,» жиӏащ
Хьэдэпщымыӏу Нэпцӏым къыжьэдэкӏыным ежьэу щыс Аслъэн-
Бгъэжьым. Зыри къыщыжьэдэмыкӏыпэм Аслъэн-Бгъэжьыр къы -
щылъэтри Хьэдэпщымыӏу Нэпцӏым и щӏыбыкум еуэу, игъэсысу
щӏидзащ. Сытми яудына нэужь Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏым и макъыр
къиутӏыпщыжри, и нэпсхэр къелъэлъэхыурэ жиӏащ:
«Уэ зэи тенджыз щӏагъым упсэуауэ къыщӏэкӏынкъым…» («Сып -
сэуакъым,» жиӏащ пщащэм.) «…икӏи зэи Хы Елыркъэш псэ ӏуту
плъэгъуауэ къыщӏэнкъым...» («Зэгуэрэм сышха…» къыщӏидза
щхьэкӏэ Алисэ, зыкъищӏэжри и щхьэр игъэсысащ. «Хьэуэ слъэ -
гъуакъым.» жыхуиӏэу.) «…апщыгъуэ уэ пщӏэкъым, удж пыху Хы
Елыркъэшым укъыдэфэным мы дунеишхуэм нэхъыфӏ зэры -
щымыӏэр.»
«Сщӏэкъым,» щэтащ Алисэ. «Ар сыт хуэдэ къафэкӏэ?»
102