Page 123 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 123
Х Ь Э Д Э ПЩ Э М Ы Ӏ У Н Э ПЦӀ Ы М И П С Ы С Э Д Ы ДЖ
«Псоми „накӏуэ“ жаӏэ!» егупсысащ Алисэ. «Хьэм и фэ
къызаплъкъым, псоми сагъэпщылӏыну пылъщ!»
Куэд мыщӏэу жыжьэу къалъэгъуащ Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏыр. Ар
къыр нэпкъым тест, бампӏэшхуэ къытегуплӏам щыхигъэ щэ -
тыкӏкӏэ, уи гур игъэузу. Пщащэ гумахэм абы ӏей дыдэу игу
щӏэгъуащ. «Сыт ар апхуэдизу щӏэнэщхъейр?» еупщӏащ ар
Аслъэн-Бгъэжьым. Зы дакъикъэкӏэ узэӏэбэкӏыжмэ жиӏа псалъэ -
хэм ещхьыбзэу Аслъэн-Бгъэжьыр аргуру къэпсэлъащ: «Къамы -
гупсысын щыӏэкъым! Сыт хуэдэ нэщхъей? Ищӏэн ищӏэжкъым.
Слӏо ар зыгъэнэщхъеинур? Мэджэгу! Накӏуэ!»
Аурэ бгъэдыхьахэщ ахэр Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏым. Ар къахэп -
лъащ нэпс зыщӏэз нэшхуэхэхэмкӏэ, ауэ зыри жиӏакъым.
«Мы пщащэм,» жиӏащ Аслъэн-Бгъэжьым, «уи хъыбарыр
зэхихыну хуейщ. Къихи къытелъхьэ! Аращ зэрыхъур!»
«Апхуэдэу щыхъукӏэ вжесӏэнщ,» макъ дэгукӏэ къэпсэлъащ
Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏыр. «Фыкъэтӏыси фи жьэр зэтевмых сыухы -
хукӏэ!»
Аслэн-Бгъэжьымрэ Алисэрэ етӏысэхащ. Зыкъомрэ псори щыму
щысащ. «Даурэ хъыбарым и ӏуэтэныр иухыну, хъыбарыр иублэн
хузэфӏэмыкӏмэ,» егупсысащ Алисэ. Ауэ сытыт ищӏэнур—бэшэчу
ежьэрт.
«Зэгуэрэм,» ину хэщэтыкӏри къыщӏидзащ Хьэдэпщэмыӏу Нэп -
цӏым и псысэр, «сэ шылъэгу дыдэу сыщытащ.»
Аргуэрыжу Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏым зиущэхужащ-зэзэмызэ
къыхэпсчыкӏт, ауэ зэпыту зэщыджэт. Зэ щхьэкӏэ Алисэ къэтэ -
джыжу: «Тхьэм уигъэпсэу, сыту псысэ гъэщӏэгъуэн къыджэпӏа!»
жиӏэу ежьэжыну пылъащ. Ауэ итӏанэ Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏым игу
щӏэгъури, иджыри зытӏэкӏурэ ежьэну мурад ищӏыжащ.
Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏым и псэр зэригъэубыдыжри, хьэлъэ-
хьэлъэу хэщэтыкӏри, къэпсэлъэжащ. «Дыщыцӏыкӏуам щыгъуэ
тенджыз щӏагъэм щӏэт зы еджапӏэ гуэрым дыкӏуэт. Ди егъэджа -
кӏуэр лӏыжь цӏыкӏу хыкъуэт. Дэ абы Джейкӏэ деджэт.»
97