Page 127 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 127

Х Ь Э Д Э ПЩ Э М Ы Ӏ У Н Э ПЦӀ Ы М  И П С Ы С Э Д Ы ДЖ

             дытеувэти махуэ псом цӏампӏырэ къетхуэкӏт. Апхуэдэ егъэджакӏуэ
             иджы бгъуэтыжынукъым!»
               «Къызэрымыкӏуэу егъэджакӏуэ лъэшт!» диубыдащ, хэщэтыкӏри
             Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏым. «Абы „Хьэкӏэкъуэкӏагъыр“ дигъащӏэт.
             Псэущ хьэу хъуар и пэнцӏывым къыщедгъэжьати, и кӏэм нэгъунэ
             щӏэдгъэкӏт.»
               «Ей, зэманыжь, мыгъуэ!» Аслъэн-Бгъэжьым хэщэтыкӏыну и
             чэзур къынэсауэ къыщӏэкӏынти, Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏым диӏы -
             гъащ. Абы иужькӏэ ӏеижьышхуитӏми заущэхужри, я лъапэхэм я
             нэкӏухэр ирагъэпщкӏухьащ.
               Алисэ къыгурыӏуэщакъым: гузэвэгъуэрат ахэр зыгъэпӏейтейр
             хьэмэ укӏытэгъуэрат.
               «Дерс дапщэт махуэм фиӏэр?» тригъэунхэ щхьэкӏэ щӏэупщӏащ Алисэ.
               «Ар дэ къыдэлъытат,» жиӏащ Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏым. «Десурэ, десурэ
             дезэшмэ-десыжтэкъым.»
               «Десурэ?» игъэщӏэгъуащ Алисэ.
               «Дерсыр щӏэдерсыр сыт?» къыгуригъаӏуэу щӏидзащ Аслъэн-Бгъэжьым
             пщащэ цӏыкӏум. «Тенджыз щӏагъым щӏэсхэр псым йосри аращ абы
             дерскӏэ щӏеджэр. Дерсым-дорс, жытӏэти, дерсым и деж дест. Сытми,
             десурэ, десурэ акъылыр ди щхьэм нэст, дезэшмэ десын, дерсри иухт.
             Къыбгурыӏуа?»
               Апхуэдэ еджэкӏэр Алисэ фӏэгъэщӏэгъуэн хъуати, хуэмыхъуу хигъэгуп -
             сысыхьащ. «Дерс зэхуэмыдэхэм фи есыкӏэр зэщхьэщыкӏрэт?» щӏэуп -
             щӏащ пщащэр.
               «Дыкӏэрывгъэкӏыж мы дерсхэм,» зэпиудащ Алисэ и псалъэр Аслъэн-
             Бгъэжьым. «Абы нэхърэ, си къуэш, къыхуэӏуатэт пщащэм дэ ди джэгу -
             кӏэу щытахэр…»















                                                                     101
   122   123   124   125   126   127   128   129   130   131   132