Page 120 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 120
АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР
«Пэж дыдэщ,» жиӏащ Уэркъ-Гуащэм.
«Щымыпхъэщхьэмыщхьэкӏэ, ар хадэхэкӏщ!» нэбгъузкӏэ хуеп -
лъэкӏыурэ жиӏащ пщащэм.
«Аргуэру упэжщ, дахэ цӏыкӏу,» жиӏащ Уэркъ-Гуащэм. «Абы
къикӏыр зыщ: „Хадэхэкӏыр и къэкӏыгъуэм къокӏ.“ Ухуеймэ,
„Нэхъ гурыӏуэгъуэу бжэсӏэнщ: зэи умыгупсысэ узэрыщытым
нэхърэ нэхъ егъэлеяуэ ущытыфыну, зэзэмызэ егъэлеяуэ ущымыт
щымыхъуныр хэмыт щымыхъукӏэ.“»
«А жыпӏахэр схуэптхатэмэ,» щабэ-щабэу жиӏащ Алисэ, «нэ -
хъыфӏу къызгурыӏуэнут. Ауэ иджыпсту си щхьэр абыхэм нэсыф -
къым.»
«А псори мыхьэнэншэщ, сэ иджыри жысӏэфынухэм елъытамэ,»
и щхьэр ину зылъагъужа Уэркъ-Гуащэм жиӏащ.
«Сынолъэӏу, умыпӏейтей,» жиӏащ Алисэ.
«Ар пӏейтеигъэу умылъытэ,» пиубыдащ Уэркъ-Гуащэм. «Нобэ
жысӏауэ хъуар тыгъэ пхузощӏ!»
«Тыгъэ мышу мыгъуэ,» егупсысащ Алиса. «Сыту дэгъуэ апхуэдэ
тыгъэ цӏыхур къыщалъхуа махуэм ӏэрылъхьэ зэрамыщӏыр!» Ауэ
тегушхуакъым Уэркъ-Гуащэм зэхихыу ар жиӏэн.
«Сыт иджыри, дахэ цӏыкӏу, узэгупсысыр?» щӏэупщӏэри Уэркъ-
Гуащэр аргуэру и жьэпкъ папцӏэр Алисэ и дамэм хиӏуащ.
«Сыхуеймэ, сегупсысэнкъэ!» жиӏащ и фэм имыхуэж пщашэм.
«Кхъуэр хуеймэ лъэтэфыну?» щӏэгуфӏыкӏыурэ жиӏащ Уэркъ-
Гуащэм. «Абы къикӏыр…»
Мыбдежым Алисэ игъэщӏагъуэу, Уэркъ-Гуащэр зэфӏэувыӏэри
зэфӏэсэсыхьащ. Алисэ и нэр къыщиӏэтым я пащхьэм, и нэжьгъыр
зэхиукӏауэ и ӏэхэри и бгъэм и деж зэрыдзэжауэ, Уэлий-Гуащэр
щыту къилъэгъуащ.
«Нобэрей махуэр сыту уэфӏ, зиусхьэн,» къэӏущэщащ Уэркъ-
Гуащэр.
«Иджыри зэ бжызоӏэ,» къэгуоуащ Уэлий-Гуащэр лъакъуэкӏэ
теуэурэ. «Е зыбгъэкӏуэдынщ, е уи щхьэр хэкӏуэдэнщ. Псынщӏэу
хэдэ! Хьэуэ, псынщӏэр щыгъэтыжауэ, атӏэ, псынщӏэм нэхърэ нэхъ
псынщӏэжу!»
94