Page 121 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 121

Х Ь Э Д Э ПЩ Э М Ы Ӏ У Н Э ПЦӀ Ы М  И П С Ы С Э Д Ы ДЖ

               Уэркъ-Гуащэр щыӏаи щымыӏаи жэуэ бзэхыжащ.
               «Джэгур доублэж,» Алисэ зыкъыхуигъазэри жиӏащ Уэлий-
             Гуащэм. Пщащэр къызэрымыкӏуэу къэшынати, зы псалъи къы -
             жьэдэмыкӏыу, Уэлий-Гуащэм иужь иуващ.
               Хьэщӏэхэр Уэлий-Гуащэр къазэрыщхьэщымытыр къагъэсэ -
             бэпри жыг жьауэхэм зыщагъэпсэхут. Ауэ Уэлий-Гуащэр къигъэ -
             зэжауэ щалъагъум, псори къыщылъэтри щхьэж езым и джэгупӏэм
             иувэжащ.
               Уэлий-Гуащэр абыхэм ябгъэдыхьэри дахэ цӏыкӏуу къагу ри -
             гъэӏуащ: псынщӏэу абыхэм джэгун щӏамыдзэмэ—псынщӏэу я гъэ -
             щӏэм зэрыпыкӏыжынухэр. Джэгур зэхаублэжащ. Уэлий-Гуащэм
             и джэгуэгъухэм яхъуэнти, кӏуэрыкӏуэм тету къызхидзт: «Мыбы и
             щхьэр пывупщӏ! Мобы и щхьэр пывгъэлъэт!» Зауэлӏхэм зыкъа -
             ӏэтти, тхьэмыщкӏэм я блыпкъыр яубыдти ӏуашт. Кӏуэ пӏэтми
             гъуэхэр нэхъ мащӏэ хъут. Зы сыхьэт ныкъуи текӏатэкъым губ -
             гъуэм зы гъуи къыщимынэжам. Псори, Пщы-Уэлиймрэ, Уэлий-
             Гуащэмрэ, Алисэрэ мыхъумэ, щтэӏэщтаблэ хъуауэ я хьэкъым
             ежьэт.
               Икӏэм икӏэжым, Уэлий-Гуащэм джэгуныр иужэгъури, хэщэ -
             тыкӏри, Алисэ еупщӏащ: «А уэ плъэгъуа Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏ
             жыхуаӏэ шылъэгу щкӏэщхьэр?»
               «Хьэуэ, зы нэ лъэныкъуэкӏи сылъэгъуакъым,» жиӏащ Алисэ.
             «Зыӏисри зыщыщри сщӏэкъым.»
               «Дауэ зэромыщӏэр,» игъэщӏэгъуащ Уэлий-Гуащэм, «аращ дели -
             катесс жыхуаӏэ шылъэгу хьэнтхъупсыр къызыхащӏыкӏыр.»
               «Делэ кӏуэцӏыс?» къыгурымыӏуэу щӏэупщӏащ Алисэ.
               «Уэрамэ, тхьэ, делэ зыкӏуэцӏысыр,» къэгубжьащ Уэлий-Гуащэр.
             «Сэ Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏыращ жыхуэсӏэр.»
               «Зэи слъэгъуакъым, езыми сыкъилъэгъуакъым,» жиӏащ Алисэ.
               «Апщыгъуэ накӏуэ,» иришэжьащ пщащэр Уэлий-Гуащэм.
             «Езым нэхъ тэмэму псори къыпхуиӏуэтэжынщ.» Зы лъэбакъуитӏ
             ячауэ Алисэ и щӏыбагъымкӏэ Пщы-Уэлийм и макъ къыщыӏуащ:
             «Псоми псори фхузогъэгъу!»

                                                                      95
   116   117   118   119   120   121   122   123   124   125   126