Page 119 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 119

Х Ь Э Д Э ПЩ Э М Ы Ӏ У Н Э ПЦӀ Ы М  И П С Ы С Э Д Ы ДЖ

             папцӏэт. Папцӏэр и дамэм къыхиӏут. Ауэ дауэ жиӏэнт пщащэ
             гъэсам, ӏукӏуэт жэуэ?
               «Нэхъ жану джэгун щӏадзащ,» жиӏащ пщащэм, псалъэр диӏы -
             гъын щхьэкӏэ.
               «Жыпӏэр бдызоштэ,» къэпсэлъащ Уэркъ-Гуащэр. «Къикӏри
             бжесӏэнщ: „Лъэгъуныгъэ, лъагъуныгъэ—мы дунейм уэ уриды -
             гъэщ…“»
               «Куэд щӏакъым зыгуэрым сигъэӏущти: „Мы дунейм и нэхъыщ -
             хьэр аращ: «Уимыӏуэху уи бэлъагъ хомысэ!“ жиӏэу,» зыхуэшэча -
             къым Алисэ.
               «А тӏури зыщ,» жиӏащ Уэркъ-Гуащэм и жьэпкъым нэхъри
             Алисэ и дамэм къыхисэурэ. «Абы къикӏыр аращ: „Къикӏым
             егупсыси, псалъэхэм езыр езыру зыкъаумысынущ!“»
               «Мы слъагъум псоми зыгуэр кърех!» егупсысащ Алисэ.
               «Пфӏэгъэщӏэгъуэну къыщӏэкӏынщ,» жиӏащ Уэркъ-Гуащэм,
             «нэхъ быдэу ӏэплӏэ щӏыпхуэзмыщӏыр. Пэжу бжэсӏэнщи,
             уилъэпцӏэплъым си дзыхь телъкъым. Хьэмэ таучэл сщӏын?»
               «Ар къодзэкъэнкӏэ тӏо еплъынукъым,» жиӏащ Алисэ (хуейтэ -
             къым мобэ ӏэплӏэ къыхуищӏыну).
               «Ари пэжщ,» жиӏащ Уэркъ-Гуащэм. «Лъэпцӏэплъхэр шыбжийм
             хуэдэу мэдзакъэ. Абы къикӏыр зыщ: „А тӏур зы выбжьэм къи -
             кӏащ!“»
               «Шыбжийр бзукъым,» хуидакъым Алисэ.
               «Пэж дыдэр жыбоӏэ,» жиӏащ Уэркъ-Гуащэм. «Сыту уӏущыцэ!»
               «Къызэрысщыхъущи, шыбжийр минералщ,» хэгупсысыхьащ
             Алисэ.
               «Пэж дыдэу, минералщ,» езэгъащ Уэркъ-Гуащэр. Ар Алисэ
             жиӏэу хъуам езэгъыну хьэзырыбзэт. «Фоч гыным хуэдэу мине -
             ралщ. Топышэ къыхащӏыкӏ, минэ къыхащӏыкӏри блыным щӏэ -
             тӏыкӏ хуащӏри, кӏэщӏалъхьэ… Абы къикӏыр зыщ: „Топышэм
             лъэрып ириджэгукъым!“»
               «Къэсщӏэжащ!» къэгуфӏащ Алисэ, Уэркъ-Гуащэм жиӏахэр и
             тхьэкӏумэм иримыгъаӏуэу. «Шыбжийр пхъэщхьэмыщхьэкъым,
             пэжкъэ?»

                                                                      93
   114   115   116   117   118   119   120   121   122   123   124