Page 143 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 143

X Э Т Х Ь Э Л Ы ГЪ УА Н Э Р З Ы Д Ы ГЪ УА Р?


             лыӏу-лыӏу уайзгъэщӏынущ. Уэ тӏасэ, уэ ушынэри умышэнэри сэ
             сизэхуэдэщ.»
               «Сэ сыхьэкӏэкъуэкӏэ цӏыкӏущ,» и макъыр кӏэзызурэ жиӏащ
             Пыӏэщӏым, «шейкӏэ зызгъэнщӏакъым иджыри… ефэн къызэры -
             щӏэздзэрэ тхьэмахуэ къудейщ текӏар… щӏакхъуэрэ тхъурэ къыс -
             хуэнэжакъым… Итӏанэ къазгъуэта…»
               «Къаз гъуэта?» щӏэупщӏащ Пщы-Уэлийр.
               «Атӏэ къэзгъуэтащ!» жиӏащ Пыӏэщӏым.
               «Къэбгъуэта?» аргуэру щӏэупщӏащ Пщы-Уэлийр.
               «Хьэуэ,» жиӏащ Пыӏэщӏым. «Къэбыратэкъым гъуэтар, Къазы -
             рат.»
               «Думыгъэгъуащэ апхуэдэу,» жиӏащ Пщы-Уэлийм. «Адэкӏэ.»
               «Сэ къызэрыгуэкӏыу сыхьэкӏэкхъуэкӏэ цӏыкӏущ,» къыпидзащ
             Пыӏэщӏым, «адэкӏэ си нэр къыщипхъуэри, Гъатхэпэ Тхьэкӏу -
             мэкӏыхьым зэрыжиӏэр зэхэсхащ…»
               «Сэ зыри жысӏакъым,» гузавэу къыхигъэуващ Гъатхэпэ Тхьэ -
             кӏумэкӏыхьым.
               «Си тхьэкӏумитӏым зэхахыу жыпӏащ,» хуидакъым абы Пыӏэ -
             щӏым.
               «Икӏи сегупсысакъым а жысӏауэ жыхуэпӏэр жысӏэну,» къэ -
             гуоуащ Гъатхэпэ Тхьэкӏумэкӏыхьыр. «Апхуэдэ пцӏым сеувалӏэ -
             фынукъым.»
               «Идэкъым,» жиӏащ Пщы-Уэлийм. «Ивмытхэ.»
               «Апщыгъуэкӏэ, ар Жеинэращ жызыӏар,» гузавэу Жеинэм и
             нэӏум упплъащ Пыӏэщӏыр. Жейм хилъэфа Жеинэм зыри жиӏэ -
             факъым.
               «Адэкӏэ, зы щӏакхъуэ бзыгъэ къыгуэзгъэжри,» жиӏащ Пыӏэ -
             щӏым, «тхъу тесцӏэлащ…»
               «Къыджэӏэт, сыт Жеинэм жиӏар?» щӏэупщӏащ хабзэ телъэ -
             хьэхэм я щыщ зыр.
               «Сыщӏэжкъым,» жиӏащ Пыӏэщӏым.
               «Къэгупсысыж иджыпступцӏэ,» къыхэпсэлъащ Пщы-Уэлийр,
             «мыхъумэ уи щхьэр пезгъэупщӏынущ.»

                                                                     117
   138   139   140   141   142   143   144   145   146   147   148