Page 144 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 144

АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР


           Пыӏэщӏ тхьэмыщкӏэм фалъэри хьэтыкъри къыӏэщӏэхури лъэ -
         гуанжьэ лъэныкъуэкӏэ зыридзыхащ. «Сэ сыхьэкӏэкхъуэкӏэ цӏы -
         кӏущ,» аргуэру къытригъэзэжащ абы. «Икӏи сэ а Къаз гъуэтарат
         сызэгупсысыр…»
           «Къэб гъуэтарат узэгупсысыр, хьэмэ Къаз гъуэтарат?» ткӏийуэ
         щӏэупщӏащ Пщы-Уэлийр. «Хьэмэ Къазыр уэрат?»
           «Хьэмэр сэратэкъым, Къаз гъуэтарэт!» зыкъиумысыжащ Пыӏэ -
         щӏым.
           Зы Хы Дзыгъуэ Цӏыкӏу гуэрым макъышхуэ иригъэщӏыу ӏэгу
         еуэу щӏидзаш, ауэ занщӏэу хагъэщӏащ (хьэкумэщ хъумэхэм ар
         къаубыдри, къэпым ирадзэри тетӏысхьэжащ).
           «Сыту дэгъуэ,» егупсысащ Алисэ, «иджы къэсщӏащ „хагъэщӏ“
         жыхуаӏэр. Мыхъумэ „зы щхьэкӏэ ухэзгъэщӏын“ щыжаӏэкӏэ—
         къызгурыӏуэщатэкъым.»
           «Ирикъуащ,» жриӏащ Пщы-Уэлийм Пыӏэщӏым. «Зыгъэхъу -
         реиж!»
           «Сэ сыт щыгъуэкӏи сыхъурейщ,» къэгуфӏащ Пыӏэщӏыр. «Си
         пыӏэхэр хъурейщ, си пыӏэ пыкъуэхэр…»
           «Уэ упыӏэ хъурейкъым, уделэ хъурейщ!» жиӏащ Пщы-Уэркъым.
           Аргуру нэгъуэщӏ Хы Дзыгъуэ Цӏыкӏу гуэрыми ӏэгу еуэн щӏи -
         дзаш, ауэ ари псынщӏэу хагъэщӏащ.
           «Мис иджы Хы Дзыгъуэ Цӏыкӏуу хъуар хагъэщӏащ,» егупсысащ
         Алисэ. «Адэкӏэ ӏуэхум нэхъ жьы щӏэту, къэп яхурикъумэ,
         адрехэри хагъэщӏынущ!»
           «Сэ сыкӏуэнши шей къинэжар исфыжынщ,» жиӏащ
         Пыӏэщӏым, джэгум хэтахэм я цӏэр зэрыт тхылъыр зэзы -
         гъэзахуэ Уэлий-Гуащэм щтэӏэщтаблэу еплъурэ.
           «Уздэкӏуэным иджы ухуитщ,» жиӏащ Пщы-Уэлийм. Ар щызэ -
         хихым, Пыӏэщӏыр щхьэхьыу хьэкумэщым къыщӏэжыжащ и
         вакъэхэр щитӏэгъэжын щыгъупщэжри.
           «…урамым и деж абы и щхьэр пывупщӏ,» яжриӏащ Уэлий-
         Гуащэм хьэкумэщ хъумэхэм. Ауэ дэнэ къипхыжынт напӏэзыпӏэм
         иту бзэхыжа Пыӏэщӏыр.
           «Адрей щыхьэтыр къевджэ,» унафэ яхуищӏащ Пщы-Уэлийм.

         118
   139   140   141   142   143   144   145   146   147   148   149