Page 112 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 112

АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР


         Сытми, куэд темыкӏыу Уэлий-Гуащэр къытехьэри, къуейнару
         хъуащ: лъакъуэкӏэ теуэт, псом щхьэкӏи гъуахъуэт: «Мыбы и
         щхьэр пывуд! Мобы и щхьэр пывуд!»



































           Алисэ гузавэу щӏидзащ: Уэлий-Гуащэм ар иджыри фӏэна -
         тэкъым, ауэ и чэзур къынэсынкӏэ шынэт. «Дауэ сыхъуну итӏанэ?»
         егупсысащ Алисэ. «Мыбдежым фӏы дыдэу ялъагъу щхьэ пыуды -
         ныр. Гъэщӏэгъуэнщ иджэрэ къэс сыкъэзэрелар!»
           Алисэ зыкъиплъыхьри, зигъэбзэхыжыну мурад ищӏа къудейуэ,
         зы гъэщӏэгъуэн гуэр хьэуам къэнэӏуащ. Еплъыпамэ—ӏупэ гуфӏэу
         быбт. «Мыдэ, Чэщыр Джэдуращ ар,» жиӏащ Алисэ. «Сыту дэгъуэ!
         Зы мыхъуми псэлъэгъу къысхуэхъунщ!»
           «Дауэ ущыӏэ?» къеупщӏащ Алисэ Джэдум и ӏупэр.
           Алисэ Джэдум и нэр къыхэщыхукӏэ зиӏэжьэри, и щхьэр ищӏри,
         фӏэхъус ирихащ. «Иджыпсту си псалъэхэр зэхихынукъым, и
         тхьэкӏумэхэр къыхэщыхукӏэ сежьэнщ,» егупсысащ пщащэр. Зы

         86
   107   108   109   110   111   112   113   114   115   116   117