Page 108 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 108
АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР
Зауэлӏипщӏ бжы зэрыз яӏыгъыу япэ итт: ахэри хадэзехьэхэм
ящхьт—езыхэр пӏащӏэу, плӏимэу, я лъакъуэхэмрэ ӏэхэмрэ къуа -
пэхэм къикӏыкӏыу. Абыхэм яужьым сэрейкъуэдзипщӏ тӏурытӏурэ
къакӏэлъакӏуэт, я щыгъэнхэм жорхэр хэдыкӏауэ. Абыхэм яужьы -
жым уэлий-сабийхэр, яӏэхэр зэрыубыдауэ, дэпкӏей-дэлейуэ
гуфӏэпсыжу къажэт. Я джанэ зэкӏужхэм дыщэпс плъыжькӏэ гу
къыхэдыкӏат. Абыхэм къакӏэлъакӏуэт хьэщӏэ Пщы-Уэлийхэмрэ
Уэлий-Гуащэхэмрэ. Тхьэкӏумэкӏыхь Хужьри яхэтт; Абы щтэӏэщ -
таблэу зыгуэрхэр псынщӏэрыпсалъэу жиӏэт, псоми ящыгуфӏы -
кӏыурэ. Тхьэкӏумэкӏыхьыр блэкӏащ Алисэ къимылъагъуу. Хьэщӏэ -
хэм яужь итт Дыщэ Щауэр, абы щхьэнтэ плъыжьым дыщэ
щхьэуэрдэхъур телъу ихьт. Псом яужь итхэт дыщэ плъыжькӏэ
зэщыхуэпыкӏауэ ПЩЫ-УЭЛИЙМРЭ УЭЛИЙ-ГУАЩЭМРЭ.
Алисэ ищӏэтэкъым адрейхэм хуэдэу щхьэщэ ищӏынрэ имы -
щӏынрэ. Гупсыса щхьэкӏэ къигупсысар и гум ауи нэсакъым. «Сыт
делагъэ ар, зебдзыхыу щхьэщэ пщӏымэ—зыри плъагъужы ну -
къым,» жери, пщащэр зэфӏэту къэнащ.
Уэлий-Гуащэр Алисэ и деж къыщынэсым ивыкӏати, адрей
псори къызэтеувыӏащ. Ар ткӏийуэ щӏэупщӏащ: «Мыри иджы хэт?»
Упщӏэр Дыщэ Щауэрат зыхуигъэзар, ауэ ар пыгуфӏыкӏри,
щхьэщэ къыхуищӏа къудейщ Уэлий-Гуащэм.
«Мыкъэ!» губжьым Уэлий-Гуащэм и щхьэр фигъэкӏэзэзыхьащ.
Зыхуигъазэри Алисэ еупщӏащ: «Сыт уэ уи цӏэр, нану?»
«Сэ си цӏэр Алисэщ, къысхуэбдэмэ, зиусхьэн,» жиӏащ пщащэм,
зигъэфэрыщӏыурэ. Ауэ щэхуу къыпидзащ: «Мыхэр куэзыр къу -
дейщ, сыт мыгъуэ, абыхэм къызащӏэфын?»
«Мыхэри хэт?» щӏэупщӏащ Уэлий-Гуащэр, удз гъэгъа ӏэрамэм
и деж щылъ хадэзехьэхэм ӏэпэ яхуишийри. Ахэм я щӏыбыр псоми
зэхуэдэу дэгъэзеяти, занщӏэу къыгурыӏуакъым—ахэр хадэзехьэ,
е сэрейкъуэдзэ, е и бынхэрат.
«Сэ ар дэнэ щысщӏэну,» жыуап итыжащ Алисэ, зэрымышынэр
езым игъэщӏэгъуэжурэ. «Сэ абы зыкӏи си ӏуэху хэлъкъым.»
82