Page 105 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 105
У Э Л И Й У А Д Э Л А КЪ Э
«Игъащӏэм абы сымыгъэзэжын,» жиӏат Алисэ, мэз къуацэ-
чыцэм здыпхырыпщым. «Игъащӏэми апхудэу пхэнжу шей ефэхэу
слъэгъуакъым!»
Ар жиӏа къудейуэ плъэмэ—зы жыгышхуэ бжэ хэту щытщ.
«Сыту гъэщӏэгъуэн!» егупсысащ пщащэр. «Пэжу нобэ псори
гъэщӏэгъуэнщ! Сыщӏыхьэнщи мы бжэмкӏэ, сеплъынщ.» И пса -
лъэри игъэпэжыжащ.
Алисэ аргуэрыжу абдж ӏэнэр здыщӏэт пэшышхуэм къышы -
хутэжащ. «Мис иджы нэхъ ӏущу сщӏынщ,» жиӏэри Алисэ, ӏэнэм
ӏункӏыбзэ цӏыкӏур къытрихри, жыг хадэ гъэщӏэгъуэным кӏуэ бжэр
къыӏуихащ. Абы иужькӏэ и жыпым ӏэгъэбэгу кърихри, тӏэкӏу-
тэкӏуурэ гуишхыкӏащ бжэм хуэдиз хъухукӏэ, итӏанэ кӏэлдор ӏузэм
дэкӏри, удз гъэгъарэ псыдэлъейрэкӏэ гъэнщӏа жыг хадэ гъэщӏэ -
гъуэным хыхьащ.
79