Page 100 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 100

АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР





























                      „Къыдомыхыу, кхъыӏэ, лей,
                      Жыг къуэдамэм уэ дэлъей:
                      Дэ уи къуакъуэм дыхозэш,
                      Дахэ дыдэу уэрэд къиш!“»


           Абдежым Жыгхадэ Жеинэр къызэщыури уэрэд къыхидзащ:
         «Уэрэд къиш… уэрэд къиш… уэрэд къиш… уэрэд къиш…» Жеи -
         нэм а уэрэд кӏапэр, инауэ, къытригъэзэжурэ жиӏащ Пыӏэщӏыр
         къепӏэскӏухукӏэ. Къызерепӏэскӏуу, щигъэтыжащ.
           «Уэрэдым и япэ пычыгъуэр жысӏэн сыухатэкъым,» къыпидзащ
         Пыӏэщӏым, «Уэлий-Гуащэр къэгъуэхъуащ: „Мыбы ди зэманыр
         ӏуепӏэ! И щхьэр псынщӏэу пывгъэлъэт!“, жери.»
           «Ар сыту хьэкӏэкъуэкӏагъ, сымыгъуэ!» къызыпхидзащ Алисэ.
           «Абы къыщыщӏэдзауэ,» жиӏащ нэщхьейуэ Пыӏэщӏым, «зэманым
         зыкъисхуигъэгусащи зигъэхъейкъым. Сыт щы гъуэкӏи сыхьэтыр
         хым тетщ.»
           Абдежым Алисэ и щхьэм нэсащ. «Хы жыпӏа?» щӏэупщӏащ ар.
         «Ара ӏэнэр шей ефэгъуэм щӏыхуэхьэзырыр?»

         74
   95   96   97   98   99   100   101   102   103   104   105