Page 103 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 103
Ш Е ЙТӀ А Н У З Ш Е Й Е Ф Э КӀ Э
«Сэ фалъэ къабзэ сыхуейщ,» зэпиудащ ахэр Пыӏэщӏым.
«Дывгъэкӏуатэ.»
Ар жиӏэри шэнт къыбгъэдэтым тӏетӏысхьащ. Жеинэр ар
здэщысам тӏысащ, Гъатхэпэ Тхьэкӏумэкӏыхьыр Жеинэм и пӏэм
итӏысхьащ. Ауэ Пыӏэщӏ закъуэращ зи кӏэн къикӏар. Псом нэхърэ
нэхъ хэкӏуэдар Алисэт: ар здэтӏысам и деж Гъатхэпэ
Тхьэкӏумэкӏыхьыр кӏуэтэным и пэкӏэ ӏэнэм тета шейнычыр
кърикӏутат.
Алисэ Жеинэм игу къримыгъэуэн щхьэкӏэ, щабэ-щабэу еуп -
щӏащ: «Къызгурыӏуэкъым, даурэт ахэр псыкъуийм зэрисыр?»
«Сыт абы къыбгурымыӏуэну хэлъыр,» жиӏащ Пыӏэщӏым.
«Бдзэжьейр псым зэрыхэсым хуэдэу зэщыпхъухэр фоуп сым хэст!
Къыбгурыӏуа, делэжь цӏыкӏу?»
«Сытым щхьэкӏэ?» щӏэупщӏащ Алисэ, Пыӏэщӏым жиӏар зэхи -
мыха хуэдэу зищӏри.
«Сыт „сытым щхьэкӏэр“?» Жеинэм зигъэӏущурэ жиӏащ. «Ахэр
фоупс-гуащэхэт, къыбгурыӏуакъэ?»
Жеинэр и жыуапым Алисэ игъэукӏытэри зыригъэущэхужащ.
«Мис апхуэдэурэ псэухэт,» къыпищащ Жеинэм жейбащ хъуэ -
нэу, хущхьэурэ и нэ щэӏуэтыхьыурэ, «бдзэжьейхэр фоупсым
зэрыхэсым хуэдэу. Абыхэм сурэт ящӏыну фӏы дыдэу ялъагъут…
къапэщӏэхуэр… хьэрыф М-кӏэ къыщӏидзэу хъуар.»
«Сытыт щӏэ-Мыр?» щӏэупщӏащ Алисэ.
«М-ыр адрейхэм нэхърэ сыт зэрынэхъыкӏэр?» щӏэупщӏащ
Гъатхэпэ Тхьэкӏумэкӏыхыр.
Алисэ аргуэру зиущэхужащ. Ауэ зыми зыри щыжимыӏэм зы -
хуэшэчакъым.
«Сэри сурэт сщӏынт,» жиӏащ абы. «Псы къуийм и деж.»
«Къуийм и сурэт сщӏынт, жыпӏа?» щӏэупщӏащ Гъатхэпэ Тхьэ -
кӏумэкӏыхьыр.
Жеинэм и нэр зэтрипӏэри, пыжеикӏащ. Ауэ Пыӏэщӏыр абы
щепӏэскӏум, тхьэмыщкӏэр кӏийри къэушыжащ. «… псалъэ М-кӏэ
щӏидзэхэр,» къыпидзащ абы, «сурэт ящӏт. Псалъэм папщӏэ: мыщэ,
77