Page 101 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 101
Ш Е ЙТӀ А Н У З Ш Е Й Е Ф Э КӀ Э
«Аращ,» хэщэтыкӏыурэ жиӏащ Пыӏэщӏым, «мыбдежым сыт
щӏыгъуэкӏи шей ефэгъуэ пӏалъэщ. Уи фӏэщ хъурэ, хьэкъущыкъур
дытхьэщӏын тхущӏыхьэкъым!»
«Фыкӏуатэурэ фофэ, ара?» щӏэупщӏащ Алисэ.
«Упсэуащэрэт!» жиӏащ Пыӏэщӏым, «зы фалъэ идофри, адрей
фалъэм дыбгъэдотӏысхьэ.»
«Ӏэнэм икӏэм фынэсмэ сыт фыщӏэр?» къэгузэващ Алисэ.
«Ди псалъэр тхъуэжмэ, ягъэ кӏыну?» щӏэупщӏэри Гъатхэпэ
Тхьэкӏумэкӏыхьыр хущхьащ. «Сыужэгъуащ фи уэршэрыныр.
Абы нэхърэ, пщащэм таурыхъ къыджиӏэмэ, нэхъыфӏт.»
«Зы таурыхъи икӏэм нэгъэсауэ сымыцӏыху,» къэшынащ
пщащэр.
«Апщыгъуэ Жеинэм къреӏуатэ,» зэтехуэу къыхалъхьащ
Пыӏэщӏымрэ Тхьэкӏумэкӏыхьымрэ. «Ей, Жеинэ, къэуш!»
Жеинэм мыгузавэу и нэр къызэтрихащ. «Ауэми сыжеину си
щхьэ итакъым,» жиӏащ абы и тэмакъым итхъунщӏыхьыурэ.
«Жыфӏауэ хъуар зэхэсхащ.»
«Къыджыӏэ, атӏэ, зы таурыхъ!» теубыдауэ къелъэӏуащ Гъатхэпэ
Тхьэкӏумэкӏыхьыр.
«Кхъыӏэ, сынолъэӏу, къыджыӏэ,» диубыдащ абы Алисэ.
«Псынщӏэу къэӏуатэ,» дищӏыгъуащ Пыӏэщӏым, «мыхъумэ
аргуэру ужеижынущ!»
«Щыӏащ псэуащ зэщыпхъуищ,» гузавэурэ къихидзащ Жеинэм.
«Абыхэм я цӏэт: Элсэ, Иласэ, Тиллэ. Ахэр псыкъуийм и кӏуэ цӏым
щыпсэухэт.»
«Сытыт яшхыр?» щӏэупщӏащ пщащэ цӏыкӏур. Абы сыт щыгъуи
фэгъэщӏэгъуэнт таурыхъым хэт цӏыхухэм яшхымрэ ирафымрэ.
Жеинэм зыкъомрэ—зы дакъикъэшхуэкӏэ—зиущэхуащ, итӏанэ
къыщиудри жиӏащ: «Шыкӏуртым гъэва!»
«Шыкӏуртӏым гъэва?» щӏэупщӏащ ӏэнкун хъуа пщащэр.
«Атӏэ, фоупс трафыхьыжт,» къыпидзащ Жеинэм. «Абы фӏэкӏа
зыӏуалъхьэтэкъым.»
«Си фӏэщ хъукъым,» хуидакъым абы Алисэ, «ахэр сымаджэ
хъунут!»
75