Page 96 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 96
АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР
«Темытмэ, щхьэ сыкъэбгъэгугъэрэ?» къытехьащ Алисэ. «Ар
хуабжьу ӏэдэбыншэщ.»
«Ӏэнэм укърамыгъэблагъэу укъыщытӏыскӏэ ӏэдэбыфӏэ?» жэуап
къритыжащ Гъэтхапэ Тхьэкӏумэкӏыхьым.
«Ӏэнэм хьэкъущыкъу тезу тетщ,» жиӏащ Алисэ. «Сэ сщӏакъым
мы ӏэнэр фэр щхьэкӏэ яузэдауэ.»
«Щхьэцэ ӏей дыдэ ухъуащ,» жиӏащ иджырэ къэс Алисэ
фӏэгъэщӏэгъуэну къеплъа Пыӏэщӏым, «тӏэкӏу щӏебгъэ щами
хъунут.»
Кудрэ къыжраӏэу зэхиха псалъэжь Алисэ игу къэкӏыжащ:
«Ямыгъасэ гъэсэкӏэкӏэ ӏэзэщ!», ауэ жиӏащ тӏэкӏу нэхъ щабэу
(езым игу зэрыримыхьыр къэкӏыжри): «Цӏыхум и щхьэм фыте -
мыӏэбэ! Ар дыджыгъэщ!»
Пыӏэщӏым и нэр къригъэтӏэтӏащ, ауэ жиӏэн зыкъомрэ игъуэ -
такъым, икӏэм икӏэжым пщащэм къеупщӏащ: «Сыткӏэ зэрызэщ -
хьыр къуаргъ лъашэмрэ ӏэнэ лъакъуищымрэ?»
«Мис ар ӏэджэкӏи нэхъыфӏщ,» егупсысащ Алисэ. «Сэ къуажэ -
хьхэр фӏыуэ солъагъу. Сэ абы къикӏыр сощӏэ!» жиӏащ Алисэ.
«Ӏэгъу, иджы уэ пщӏэуэ жыпӏэнкъэ къуажэхьым къикӏыр!»
фӏэгъэщӏэгъуэн хъуащ Тхьэкӏумэкӏыхьым.
70