Page 94 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 94

АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР
























           «„Кхъуэшыр“ жысӏащ,» жэуап итыжащ пщащэм. «Кхъыӏэ,
         сынолъэӏу зэшэзэпӏэу умыбзэх икӏи укъэмыхутэж, си щхьэр
         богъэуназэ.»
           «Ерэхъу,» жиӏэри Джэдум, ӏыхьэ ӏыхьэурэ бзэхын щӏидзащ:
         икӏэмкӏэ къыщӏидзэри тӏэкӏу-тӏэкӏуурэ кӏуэдыжащ. Икӏэм икӏэ -
         жым, Джэдур бзэхыпэри и ӏупэ закъуэр гуфӏэу къэнэри хьэуам
         зы дакъикъэ ныкъуэкӏэ хэтыжащ.
           «Джэдум гуфӏэ ӏурылъу плъагъуныр телъыджэщ, ауэ джэдум и
         гуфӏэр щхьэхуэу плъагъуныр нэхъ телъыджэжщ!» игъуэщӏэ -
         гъуэпащ Алисэ.
           Куэд темыкӏыу пщащэм Гъатхэпэ Тхьэкӏумэкӏыхьым и унэр
         къилъэгъуащ: ӏугъуэ икӏыпӏэхэр тхьэкӏумэкӏыхь тхьэкӏумэхэм
         ящхьт, унащхьэм тхьэкӏумэкӏыхьыц тетт. Сытми унэр Тхьэкӏумэ -
         кӏыхьым зэреир гъуащэтэкъым. Унэр апхуэдизу щэджащэти,
         Алисэ къэувыӏэри и ӏэ сэмэгум ӏэщӏэлъ ӏэгъэбэгум едзакъэри, и
         инагъыр хэхъуэхукӏэ ежьэри, хуэсакъыурэ кӏуэтащ. «Тхьэкӏумэ -
         кӏыхьыр щхьэзэм къыщымынэжу къуенару-щхьэзэу къыщӏэкӏмэ-
         щэ?» егупсысащ ар. «Пыӏэщӏ ӏэджи слъэгъуа щхьэкӏэ, Пыӏэщӏ
         делэ хъурей слъэгъуакъым—абы и деж сыкӏуамэ нэхъыфӏт!»






         68
   89   90   91   92   93   94   95   96   97   98   99