Page 107 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 107

У Э Л И Й У А Д Э Л А КЪ Э





































               Блым лэчыӏэр хэфӏидзащ. «Даурэ апхуэдэ къызэфпэсрэ…»
             Блым тхьэусыхэн къыщӏидза щхьэкӏэ, Алисэ къыщилъагъум
             зиущэхужащ. Адрей тӏур зэплъыжхэри, щыми щхьэщэ ящӏащ.
               «Къызжефӏэт, кхъыӏэ,» укӏытэурэ яупщӏащ ахэм Алисэ, «сыт
             мы дадийхэр щӏэвлэр?»
               Тхумрэ Блымрэ зыр зым еплъыжащ, ауэ Тӏум щэхуу жиӏащ:
             «Плъагъурэ, пщащэ дахэ, мы делэхэмрэ сэрэ накъыгъэ плыжь
             дгъэтӏысын хуейти, къэкӏар хужьу къыщӏэкӏащ. Ди Уэлий-
             Гуащэм ар къищӏэмэ, ди щхьэр паудынущ. Иджы долэ, Уэлий-
             Гуащэр къэмыкӏуэ щӏыкӏэ…» А дакъикъэм, зызыплъыхьу щыта
             Блыр къэгуоуащ: «Уэлий-Гуащэр къокӏуэ!» Хадэзехьэхэм лъэ -
             гуанжэмыщхьэу загъауэри, щхьэщэ ящӏащ. Лъэмакъ къыщыӏум,
             Алисэ псынщӏэу зигъэзащ—ар егъэлъеяуэ хуейт Уэлий-Гуащэм
             ӏуплъэну.

                                                                      81
   102   103   104   105   106   107   108   109   110   111   112