Page 87 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 87
К ХЪ УЭ Ш Ы РР Э Ш Ы БЖ И ЙР Э
Дауэ щымытми, а хьэнтхъупсым хэмылъми, хьэуам ткӏийуэ
шыбжий гуащӏэмэ щызт. Пщащэр зэпымыууэ къепсын щӏидзащ.
Уеблэмэ, езы Уэркъ-Гуащэри зэзэмызэ къепст. Сабий цӏынэ
тхьэмыщкӏэр, къепсыным къелмэ, кхъуэ фӏабзым хуэдэу, кӏийт.
Ауэ Фыз Пщэфӏакӏуэм ауи къепсын игугъэтэкъым. Джэдуушхуэ
хьэкум бгъэдэсми зыри къиридзэтэкъым. Джэдур псом игущӏы -
ӏужкӏэ, и ӏупщӏакӏэхэр и тхьэкӏумэм нэсу, зэмыжьа и махуэщӏыр
къыхуеблэгъа хуэдэу, гуфӏэпсыжу щыст.
«Кхъыӏэ, къызжыӏэ,» къыщӏидзащ Алисэ темыгушхуащэу (ар
пщащэ гъэсати япэ ищу нэхъыжьым епсэлъэныр екӏурэ емыкӏурэ
зэхищӏыкӏыщэтэкъым), «сыт фи джэдур апхуэдизу зыщыгуфӏы -
кӏыр?»
«Ар Чэщыр Джэдущ,» жиӏащ Уэркъ-Гуащэм, «къыбгурыӏуэу
щытмэ. Кхъуэшыр!»
Иужьрей псалъэр апхуэдизу ерууэ къызжьэдидзати Уэркъ-
Гуащэм, Алисэ къащтэри къыщылъэтащ; ауэ пщащэм занщӏэу и
щхьэм нэсащ, а псалъэр сабийм зэрыхуэгъэзар, икӏи и гур
зэригъэубыдр и, и псалъэм пидзащ:
«Сэ сщӏэтэкъым Чэщыр Джэгухэр гуфӏэн хуейуэ! Пэжу жы -
пӏэмэ, джэду апхуэдэу гуфӏэу зэи срихьэлӏакъым. Абы щыгъэ -
тыжа, джэдухэр гуфӏэфыуи сщӏэтэкъым.»
«Чэщэр Джэдухэм ямыщӏэ щыӏэкъым,» жиӏащ Уэркъ-Гуащэм,
«и нэхъыбэм абыхэм ящӏэну зыхуейр ямыщӏэу благъэкӏкъым!»
«Гъэщӏэгъуэныр жыпӏаи,» Уэркъ-Гуащэр псалъэм къэзэры -
хишам щыгуфӏыкӏыурэ жиӏащ пщашэм. «Сэ апхуэдэ джэду зэи
слъэгъуакъым.»
«Уэ мы дунейм плъэгъуар мащӏэщ!» пиупщӏащ Уэркъ-Гуащэм.
Ар Алисэ игу иримыхьын ущиигъэти, нэгъуэщӏ гуэрым тепсэ -
лъыхьыну мурад ищӏащ. Ауэ зытепсэлъыхьыныр къигъуэтыхукӏэ,
Фыз Пщэфӏакӏуэм шыгуныр хьэкум къытрихыжри, зэман имы -
гъэкӏуэду, нэгъуэщӏ ӏуэхум пэрыуващ. Ӏуэхури гъэщӏэгъуэныщэт:
къыӏэщӏыхьэр Уэркъ-Гуащэмрэ сабий цӏынэмрэ яриутӏыпщт.
Псом япэ яриутӏыпщащ пэрыӏэбэр, итӏанэ: хьэнцэр... табэхэр,
тепщэчхэр, фалъэхэр… Пэжу, Уэркъ-Гуащэм, къыщытехуэкӏи
61