Page 78 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 78
АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР
«Мы усэр аракъым,» жиӏащ Щыгъыныхьым.
«Пежщ, нэгъуэщӏ усэ хуэдэщ,» укӏытэурэ жиӏащ Алисэ. «Пса -
лъэхэр зэхэзэрыхьащ!»
«Зэхэзэрыхьа къудейкъым, зы псалъэ тэрэзу хэткъым,» щӏигъэ -
быдыхьыжу Шыгъыныхьым усэм уасэ ирита нэужь, сэбыру
зыкъомрэ щытащ.
Мы зэм Щыгъыныхьыр япэ къэпсэлъащ:
«Дапхуэдиз уи инагъуу ухуей?» еупщӏащ ар пщащэм.
«Си дежкӏэ псори зэхуэдэщ,» емыгупсысу жиӏащ Алисэ. «Сэ
сигу иримыхьыр си инагъым зэпымыууэ зызэрихъуэжыращ.
Къыбгурыӏуэрэ?»
«Къызгурыӏуэкъым!» жэуап къитыжащ Щыгъыныхьым.
Пщащэм зыри жиӏакъым: Алисэ ерагъыурэ зишыӏэт—абы
апхуэдэу кърамыдзэу зыри иджыри къепсэлъатэкъым. Ар
хьэзырыбзэт «и фэм къыпкӏыну».
«Иджыпсту уи инагъыр уигу ирихьрэ?» жиӏащ Щыгъыныхьым.
«Уи жагъуэ мыхъунумэ, сыхуейт иджыру тӏэкӏу сыхэхъуэну!
Иджыпсту плъагъурэ—ӏэхъуамбэ цӏыкӏу хуэдизщ сызэрыхъур.
Ар емыкӏу цӏэӏужкъэ!»
«Ӏэгъу, уи лъагагъым уепэгэкӏын хуейщ уэ!» зиукъуэдийри
губжьауэ жиӏащ Щыгъыныхьым. Абы и кӏыхьагъыр Алисэ и
лъагагъым хуэдизыбзэт.
«Сэ апхуэдэ лъэгагъым сесакъым,» гъынанэурэ жиӏащ пщащэ
тхьэмыщкӏэм. «Сыту псори зыгъэгусэрейхэ мыдбежым!» егуп -
сысри, Алисэ хэщытыкӏащ.
«Ягъэ кӏынкъым, уесэжынущ,» жиӏэри Щыгъыныхьым аргуэру
лулэр зыжьэдиӏужащ.
Алисэ мурад ищӏащ зыри жимыӏэу аргуэру Щыгъыныхьыр
къепсэлъэху ежьэну. Зы дакъикъитху текӏри, абы лулэр къызы -
жьэдихщ, игъэтӏылъщ, щэ къэхущхьэри, мыгузавэу, ӏэгъэбэгум
къепщыхри, ежьэжащ. Къуацэ-чыцэм хэпщхьэжыным ипэкӏэ,
фӏэмыӏуэхуу жиӏащ: «Зы лъэныкъуэмкӏэ уедзакъэмэ—ин ухъу -
нущ, ардреймкӏэ уедзакъэмэ—цӏыкӏу ухъунущ. Едзакъэ, уедзэ -
къэфмэ!»
52