Page 48 - Дуней хьэху. Брат Мурат
P. 48

Дуней хьэху                                                                         Дуней хьэху


                 НАКЪЫГЪЭ ГУАЩЭ                                                                     ПщIащэ Iущащэ,

                                                                                                    Дыщэпсэ гуащэ,
                Накъыгъэ гуащэ!                                                                     Псынэ уафаплъэ,

                Вагъуэбэр щIылъэм къыхэкIмэ,                                                        Уафаплъэ напэ,
                Сэ уи цIэ щэхухэр сыхуэмыущэху:


                                                                                                    Санэху IуплъапIэ,
                Шэдыгъуэ ткIуэпс Iупэ,                                                              Санэплъ IубыпIэ.

                Дыгъэ нэпс Iэпэ,
                Псэдахэ Iэрамэ,                                                                     Уэс къабзэ гуащэ!

                Епэрымэ гу пэж.
                                                                                                    Вагъуэбэр щIылъэм хыхьэжмэ,
                                                                                                    Сэ уи цIэ щэхухэр сыхуэмыущэху:
                Си махуэ гуащэ!
                Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъэмэ,                                                       Алътес уэс щIыфэ,

                Сэ уи цIэ щэхухэр сыхуэмыущэху:
                                                                                                    Уэсчэсей пкъыфэ,
                                                                                                    Хьэрзэ пщэху дахэ,
                Дыгъэ лъэ щабэ,                                                                     Iэхулъэху нэху махуэ.
                Бзу дамэ къауц,

                Мазэ бзий набдзэ,                                                                   Псэм и вагъуэ джэрыджыу
                Бланей нэбжьыц.
                                                                                                    ТхьэIухуд гуащэ!

                                                                                                    Адыгэгум и налмэс купкъыу
                Си пщащэ дыщэ!                                                                      Адыгэ пщащэ!

                Вагъуэбэр жыг щхьэкIэм къыхыхьэмэ,
                Сэ уи цIэ щэхухэр сыхуэмыущэху:







                                          46                                                                                  47
   43   44   45   46   47   48   49   50   51   52   53