Page 53 - Дуней хьэху. Брат Мурат
P. 53

Дуней хьэху                         Дуней хьэху





                 ЖЬЭКУЭ УДХЭР


 УИ IУПЭХЭР     Жьэкуэ уд дахэ нэкъуэлэнхэм
                Инжыдж я щхьэцыр халъэсыхь,
 Уи Iупэр, сэ Тхьэ соIуэ, ар Iэзэгъуэщ,  Бэлэрыгъауэ вагъуэ плъызхэр
 Уи бахэм узхэр тыншу ягъэхъуж.  Я щхьэцым хонэри хосыхь.

 Гъэгъа удз щабэхэм ныжэбэ ягъэщIагъуэу,
 Ди IэплIэхэм я хуабэр зэдгъэхъуэж.  Я щIыфэ хужьхэр къыщатIэщIкIэ,
                Жэщыбгыр махуэу ягъэлыд,
 Нэ фIыцIэхэр уэ жыжьэу богъэтIыгъуэ,  Жьыбгъиблым я гур къыщаунэщIкIэ,
 Псэм зыумыгъэгъэнщIу дыгъэу укъолыд.  Къэнэжыр набдзэм иреуд.

 СыбнэмыIэсми, нэкIэ сынодыгъуэ,
 Псэ хуз гугъапIэм ену сыппэрытщ.  Къэкъуанлъэ псыбэм Iуфэ нэпкъым
                Дыжьыныр уэру щрекъухь,

                Бзий гуартэ тхъуэшхэр зэрылъэпкъыу
 Жэщ къыстехъуащи плъыру сыныппоплъэ,
 Вагъуэ цIыкIу плъызхэм хьэршыр ягъэгыз.  ТхыцIэ гъэжахэм тоджэгухь.
 МафIэлыгъейуэ, мыдэ, сызэщIоплъэ —  ГурыщIэ пщытырыр псэм и купкъыу
 Узыгъуэ гуэрэ, къеплъыт, къызоуз.
                Уэрэд къэщтауэ Iум йожыхь,
                Си пщIыхьхэр удхэм я Iэпкълъэпкъыу
 Уи Iупэр, сэ Тхьэ соIуэ, ар Iэзэгъуэщ!  Фощыгъум хуэдэу псым хоткIухь…
 Уи бахэм узхэр тыншу ягъэхъуж!
 Мы си узыгъуэм и цIэр лъагъуныгъэщ,  Си гугъэ IэфIхэр жыг къэуауэ

 ТIэкIу къызэIэзи, кхъыIэ, сыгъэхъуж.  Инжыдж гузавэу здырехьэх,
                И закъуэу си гур бгъэм къинауэ,
                Ныбжь бзэхыжахэм ядехьэх.






 50                                       51
   48   49   50   51   52   53   54   55   56   57   58