Page 49 - Дуней хьэху. Брат Мурат
P. 49

Дуней хьэху                         Дуней хьэху


 НАКЪЫГЪЭ ГУАЩЭ  ПщIащэ Iущащэ,

                Дыщэпсэ гуащэ,
 Накъыгъэ гуащэ!  Псынэ уафаплъэ,

 Вагъуэбэр щIылъэм къыхэкIмэ,  Уафаплъэ напэ,
 Сэ уи цIэ щэхухэр сыхуэмыущэху:


                Санэху IуплъапIэ,
 Шэдыгъуэ ткIуэпс Iупэ,  Санэплъ IубыпIэ.

 Дыгъэ нэпс Iэпэ,
 Псэдахэ Iэрамэ,  Уэс къабзэ гуащэ!

 Епэрымэ гу пэж.
                Вагъуэбэр щIылъэм хыхьэжмэ,
                Сэ уи цIэ щэхухэр сыхуэмыущэху:
 Си махуэ гуащэ!
 Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъэмэ,  Алътес уэс щIыфэ,

 Сэ уи цIэ щэхухэр сыхуэмыущэху:
                Уэсчэсей пкъыфэ,
                Хьэрзэ пщэху дахэ,
 Дыгъэ лъэ щабэ,  Iэхулъэху нэху махуэ.
 Бзу дамэ къауц,

 Мазэ бзий набдзэ,  Псэм и вагъуэ джэрыджыу
 Бланей нэбжьыц.
                ТхьэIухуд гуащэ!

                Адыгэгум и налмэс купкъыу
 Си пщащэ дыщэ!  Адыгэ пщащэ!

 Вагъуэбэр жыг щхьэкIэм къыхыхьэмэ,
 Сэ уи цIэ щэхухэр сыхуэмыущэху:







 46                                       47
   44   45   46   47   48   49   50   51   52   53   54