Page 82 - Дуней хьэху. Брат Мурат
P. 82

Дуней хьэху                                                                         Дуней хьэху





                 СЫЩIЕГЪУЭЖУ СЫДЖЭУ                                                                 ХЪУЭРЫБЗЭ БЖЫХЬ
                 СЫКIЭЛЪЫГЪКЪЫМ

                                                                                                                       I
                Сергей Есенин.
                (Не жалею..)                                                                        Кхъэм ит жыгхэр къэгъэгъащи,
                                                                                                    Ди хапIэжьым сыщыблэкIкIэ,
                СыщIегъуэжу сыджэу сыкIэлъыгъкъым,                                                  Ди хьэжьым и псэ закъуэр
                Епэр Iугъуэу псори кIуэдыжынщ,
                КъыщIэуэжу тхъуэплъыр тIорысагъэм                                                   Хьэдрыхэм къыщIогъыкI —
                Аргуэрыжу щIалэ хэт хъужын?
                                                                                                    Iуэдыщ.

                Хьэлъэ ихъухьауэ бэшэч гужьым                                                                           2
                Уэгу утыкум лъэр иримышэж,                                                          Дэпыр къопIэнкIри,
                ЛъапцIэу жьыбгъэм ситу и лъэужьым,
                Губгъуэ удзхэм сызыхамышэж.                                                         МафIэ бзийкIэ къолыдри,
                                                                                                    МафIэр мэкIуасэри,
                МащIэ-мащIэу псэм и мафIэр хощIыр,                                                  Сахуэр жьыбгъэжьым ехьыж —
                Iупэплъ плъыфэр хуэму мэужьых.
                КъыскIэлъыджэ гуIэу сэ къысфIощIыр,                                                 Уэ Дуней хьэху!
                ЩIылъэ нэзым дыгъэр къухьэжыху…
                                                                                                                       3

                ГукъыдэжкIэ гъэхэр схуэмыупсэ,                                                      ФIамыщI фIыцIэжьым, жи,
                БлэкIа гъащIэ, уэ сынопщIыхьа?                                                      Дзыгъуэ цIыкIум зыщигъэпщкIуащи, жи,
                Зы тепсэгъуэу къысхуепса дыгъэпсхэм                                                 Сабэ щабэ хуабэм, жи,
                Шы плъыжь шууэ уэхым сытрихьай.
                                                                                                    Шэмэ къыхех, жи —
                Мащэ-унэр щхьэж и екIуэлIапIэщ.
                ПкIейхэм гъуаплъэу пщIащэхэр къыпоткIу…                                             Си къуэм и сабиигъуэр йокI.
                ФэрыщIыншэу псэкIэ зыгъэлъапIэу                                                                        4
                ЩIылъэм тетыфам здимыхь емыкIу!                                                     Си щхьэ сыщыужмэ,

                                                                                                    КъуэгъэнапIэм сотIысри,

                                          80                                                                                  81
   77   78   79   80   81   82   83   84   85   86   87