Page 8 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 8
АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР
Тэлъыджэщӏым зэрыщыӏар» бзэ зэщымыщ ӏэджэми ира -
гъэуващ. Мы флъагъур а тхылъыр Ищхъэрэ Кавказым и
курыкупсэм ит Къэбэрдей-Балкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс
хэгъуэгухэм щызэрахьэ адыгэбзэкӏэ (адыгэбзэм и къэбэрдей
псалъэкӏэ) зэдзэкӏащ.
Адыгэбзэм (шэрджэсыбзэм) и къуэпсхэу къэбэрдеибзэмрэ
кӏахыбзэмрэ абхъэз-адыгэ бзэ унагъуэм щыщхэщ. Адыгэб -
зэм ирипсалъэу 516000 Урысейм щопсэу: Къэбэрдей-
Бэлкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Краснодар
хэгъуэгум, Ставрополь хэгъуэгум, Ищхъэрэ Осетием и
Мэздэгу куейм. 19 лӏэщӏэгъуэм илъэсищэ нэхърэ нэхъыбэкӏэ
екӏуэкӏа Урыс-Кавказ зауэжьым и лъэр щӏичу и псэри
зыхуэзэщича лъэпкъыр, нобэкӏэ дунейм ипхъыхьауэ къэрал
щэныкъуэм щопсэу. Адыгэбзэр зыӏурылъхэм я бжыгъэр
мелунищым щӏегъу. Нэхъыбэу ахэр здэпсэур Къуэкӏыпӏэ
Гъунэгъумкӏэ щыӏэ къэралхэращ: Тыркум, Иорданым,
Щамым, Журтейм, Иракым, Лиуаным, адэкӏэ – Америкэ
щтат зэгуэтхэм, Австралием, Европэм и къэралхэм. Бзэр
ямыщӏэжу, ауэ адыгэу залъытэу куэдыфӏ щопсэур
Африкэм: Ливием, Алджырым, Тунисым, Мысырым.
Пэсэрей антик лъэхъанэм йомылъытмэ, Ервопэм
адыгэхэр нэхъ гъунэгъу щыхуэхъуар джэнэзухэм Хы
фӏыцӏэ гъунэм Къафэрэ Тӏэмэнрэ тӏысыпӏэ щащӏа
зэманыращ. Икӏи апщыгъуэм я зэпыщӏэныгъэр нэхъ
быдэу, нэхъ зиужьауэ щытащ. Икӏи щӏэныгъэлӏхэм адыгэ
щӏэнхабзэри Хыщӏылъыку щӏэнхабзэм и къэухьым
зэрыхиубыдэр шэч халъхьэкъым. Ауэ инджылыз дунейм
адыгэхэр фӏыуэ нэӏуасэ хуэхъуфахэкъым, Кавказ
зэуэжьым лъэпкъым адыгэхэм лъапсэрых къахуихьам и
гущӏыӏужкӏэ я хэкур зэрырагъэбгынам къыхэкӏкӏэ и
щӏэнхабзэми къызэрымыкӏуэу хэщӏыныгъэ хьэлъэ
игъуэтащ. Къыкӏэлъыкӏуэ илъэсищэм нэрыгъыу
гуащӏэдэкӏ ирахьэлӏэурэ адыгэ щӏэнхабзэм и зыныкъуэ
зэфӏэгъэувэжын яхузэфӏэкӏащ гъуазэ пэрытхэм – адыгэ
vi тхыгъэбэр япэу хьэрып хьэрфкӏэ, къыкӏэлъыкӏуэу