Page 11 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 11
Х ЬЭГЪЭГЪУАЗЭ ПСАЛЪЭ
дерогатив Тумэ, «ещхь-емыщхь», «дыхьэшхьэн ныкъуэ -
пэж» мыхьэнэ къитхыу, икӏи инджыл псалъэ Mock
жихуиӏэм нэхъ техуэу.
Икӏи тэкӏуи дызэрэнащ тхыгъэм адыгэбзэкӏэ псалъэ-джэгу
гуэрхэр къыхэдгъыхьэурэ: псалъэм папщӏэ, «Mad Tea-
Party» жыхуиӏэм адыгэбзэкӏэ фӏэтщащ – «Шейтӏануз Шей
ефэкӏэ». «Шей-ефэкӏэ» псалъэмрэ, Шей-тӏануз пса лъэмрэ
зэподжэ я япэрей пычыгъуэхэмкӏэ. Кэрроллым и псысэм
апхуэдэ псалъэ джэгукӏэ хэмытми, дэ къытщыхъуащ ар
екӏуну тхыгъэм и щытыкӏэм. Инджылыбзэм елъыта псалъэ -
рыджэгухэм ящыщ гурхэри адыгэбзэм ипкъ идгъэуващ.
Псалъэм папщӏэ: «яхуэдгуэшын» жыӏэгъуэр Аслъэн Бгъэ -
жьым къызэриӏуатэр – «Я хуэГуэгуш Ин».
Дзыгъуэм и тхыдэ «гъущэ» къэӏуатэр адыгэхэм я тхыдэм
епха адыгэ пщыхэм я пэрыт лъэпкъылӏышхуэ Инал-нэху и
хъыбарымкӏэ дыхъуэжащ. Мис абы и зы пычыгъуэ:
«Арати куржыхэм ар ямыдэу дзэхэм къебгъэрыкӏуэу
щӏадзащ. Инал-нэху дзэр зэщӏикъуэри куржыхэр иригъэ -
кӏуэтащ. Зэман текӏри, куржыхэм япщ Дэдиан лъыщӏэж
къыхуэкӏуащ, ауэ Инал-нэху абы и дзэр зэтрикъутэри
Дадианрэ и уэркъхэмрэ гъэр ищӏащ. Сытми, тхьэмадэшхуэ
Дадианрэ и уэркъхэмрэ гъэрым къришыжын и гугъэу Инал-
нэху лъэӏуакӏуэ Мэлакъий къыхуэкӏуащ…“»
Абы пэмыщӏу, щызэддзэкӏым синонимхэр нэхъыбэу къыд -
гъэсэбэпыну дыпылъащ, езы Кэрролл и тхыгъэм хэтым
емылъытауэ. Адыгэбзэм мащӏэу къыгъэсэбэп хъуа пса -
лъэхэр «къадгъэгупсысыжын» щхьэкӏэ хэдгъэуващ, псалъэм
папщӏэ, Шылъэгу – Хьэдэпшымыӏу, Хьэмбылу – Щыгъы -
ныхь, нэгъуэщӏхэри.
Псысэм хэтхэм я цӏэхэм нэгъущӏ бгъэдыхьэкӏэ ягъуэтащ:
адыгэ щӏэджыкӏакӏуэхэм нэхъ гъунэгъу къахуэтщӏын щхьэ -
кӏэ адыгэбзэм и къэухьым идгъэуващ: псалъэм папщӏэ Адэр
– Ланэ хъуащ, Мэйблыр – Къанзилэ; цӏэхэр къыщыд -
ix