Page 9 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 9
Х ЬЭГЪЭГЪУАЗЭ ПСАЛЪЭ
латин хьэрфкӏэ, иужьырейуэ – кириллицэкӏэ; пэсэрей идео -
графие тхэкӏэр зэманым хэкӏуэдыхьащ, ауэ гужан зэрызхэм
ар къагъэщӏэжу щӏэныгъэм и къэухьым хагъыхьэну
пылъхэщ.
Адыгэбзэр Европэм щыпсэу цӏыхухэм егъэлеяуэ яфӏэгъэ -
щӏэгъуэн хъуну къыщӏэкӏынщ. Адыгэбзэ фонетикэм макъ
дэкӏуашэхэр къобэкӏ – къэбэрдей-шэрджэс псалъэкӏэм 48
дэкӏуашэ фонемэ, кӏах псалъэкӏэм – 56 хэтщ. Ауэ макъзешэ
нэхъыщхьэхэу бзэм иӏэр – «а» (зэӏуха), «э» (а– кӏэщӏ), «ы»
(иррациональнэ макъзешэ), адрей абыхэм къатехъукӏа
макъ зешэхэр (е, ё, и, о, у, ю, я) ӏэджэкӏи нэхъ мащӏэу
къагъэсабэп. Апхуэдэу «э», «ы» макъхэри «а» макъым и
щытыкӏэм, къэзухъуреихь дэкӏуашэхэмрэ, макъ тегъащӏэ -
хэмрэ ялъытауэ, захъуэж. Адыгэбзэр «полисинтетическэ
тип» жыхуаӏэ бзэхэм хабжэ икӏи и зэхэщӏыхьыныгъэмкӏэ
апхуэдэу гъэпсащи – зы лъэныкъуэмкӏэ езы псалъэхэмрэ
грамматикэмрэ я гъунапкъэр, е адрей лъэныкъуэмкӏэ езы
грамматикэм и кӏуэцӏым и деж морфологиемрэ синтакси -
сымрэ я зэхуакум и деж гъунапкъэр – гъэщӏэгъуэну ирокӏуэ.
Европэм и бзэхэм глаголым подлежашэм иӏэ бжыгъэм
елъытауэ зихъуэжмэ, адыгэбзэм и деж глаголым,
псалъэухам хэтхэм ядэхъуу зихъуэжурэ, а псори зэрепх
синтаксисым и къэлэнхэр игъэзащӏэурэ. Адыгэ глаголым
къегъэлъагъуэ зэлъытари, къыздикӏри, бжыгъэри, щатри,
здатри, зратри… Аращи, адыгэ глаголым егъэлеяуэ куэд и
пшэ къыдохуэ къиӏуэтэну. Щыӏэцӏэхэр жыпӏэмэ, европэм
щыӏэ бзэхэм щыӏэцӏэхэм наӏуэ зыщӏ дэкӏуатэ яӏэщ,
плъыфэцӏэкӏэ зыкъагъэлъагъуэу. Адыгэбзэм и деж зы
псалъэм лъабжьэ зытӏущ, зы макъ тегъащӏэ яӏэу, щызэ -
хыхьэ мэхъу, псалъэм папщӏэ, плъыфэцӏэм, бжыгъэцӏэм я
мыхьэнэхэр къыщӏэувэу.
Абы къыхэкӏыу адыгэбзэр щызэбдзэкӏкӏэ мыхьэнэ пкъы -
рылъхэр щӏоткӏукӏри нэхъ ӏэслъэс мэхъу тхыгъэр. Адыгэб -
зэми къыщибгъэувэкӏэ, хэмылъа гуэрхэри къы щӏоувэ. Ауэ
vii