Page 10 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 10

дэ бзэхэр зэтлъытурэ къыздежьа бзэм ипкъым нэхъ
         гъунэгъу зэрыхъуным дыпылъурэ делэжьащ. Кэрроллыр
         бгъэтэрмэшыныр ӏуэху цӏыкӏукъым, ауэ къыкӏэлъыкӏуэ
         махуэм къытебгъэзэжу зэбдзэкӏам ущыщӏэджыкӏыжкӏэ,
         тхыгъэ бгуэщӏам хэт ехъулӏэныгъэхэм гурыщӏэхэр зыӏэт
         гупсэхугъэ къыщыпхуахькӏэ – ар куэд иуасэщ.
           Зэбдзэкӏа        тхыгъэм        увыӏэгъуэ        уимыӏэу
         уелэжьыжыфынущ.  Ауэ къызэрытщыхъумкӏэ дэ нэхъ
         тэмам къыздытфӏэщӏ курыкупсэм дыкъэувыӏащ, сыту
         жыпӏэмэ абы фӏэкӏыу зэдзэкӏакӏуэм хуитыныгъэ иӏэр
         щыригъэлейкӏэ,    «Алисэ    Телъыджыщӏым  зэрыщыӏар»
         жыуиӏэ    тхылъ     гъэщӏэгъуэным     узӏэпишэу    щытми,
         къызхэкӏамрэ зыхуэкӏамрэ зэщхьэщыкӏ мэхъу.

           Бгъэдыхьэкӏэ зэщымыщхэр худиӏащ зэдзэкӏыгъуэм,
         псалъэм папщӏэ Набоковым и зэдзэкӏыгъуэ ӏэмалхэр къэ -
         дгъэсэбэпащ – тхыгъэм хэтхэм и ныкъуэм яцӏэхэр къэдгъэ -
         нащ, адрейхэм я цӏэм къикӏым ятлъытурэ зэддзэкӏащ. А
         псоми тхыгъэр адыгэ щӏэджыкӏакӏуэхэм нэхъ гъуэнэгъу
         хуащӏащ, къызэрыкӏа тхыгъэм и купкъыр къагъанэри.
         Здызэхузэфӏэкӏам тхыгъэм и жыӏэкӏэ-щытыкӏэхэр къэдгъэ
         -нащ:  псалъэм  папщӏэ  The  Queen’s  Crocket-Ground  и
         Уэлий  уадэлакъэ     зэрызэхэщӏыхьари      (семантическэ)
         пычыгъуэу зэрызэхэлъри  (силлабическэ)  я  жыӏэкӏэри
         ( ритмическэ) зэщхьщ.
           Ауэ  дэри  дихилъасэу  (къытхуагъэгъункӏэ  догугъэ)
         тэрмэш  дыщӏа тхыгъэм дыкъыщытекӏаи хъуащ, псалъэм
         папщӏэ Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏым и псысэм хэт «ашыкъ»
         псалъэр     хьэрып      псалъэщ      (тыркубзэкӏэ     aşık,
         азербайджаныбзэкӏэ aşıq), «уэрэдгъуо усакӏуэ» (хьэщыкъ
         зыщӏа джэгуакӏуэ, жыхуиӏэм къытокӏ), ауэ ар европэм я
         менестрель псалъэм тохуэ.
           Къызэрытщыхъумкӏэ, а пори тохуэ мы зэддзэкӏа тхыгъэм
         и  хэтыщхьэхэр    нэӏуэ зэрыхъу ӏэмалхэм, икӏи поджэж
         едзыгъуэ къэс езым и цӏэм. Шылъэгум къыхуэдгъуэтащ

         viii
   5   6   7   8   9   10   11   12   13   14   15